Си бзэ си псэ си дуней сценарий

Cкачать: Открытое внеклассное мероприятие "Си бзэ ,си псэ ,си дуней"

Открытое внеклассное мероприятие

«Родной язык — душа моя, мой мир»

(на кабардинском – черкесском
языке

к международному дню родного языка)

Работа Соховой Зиты
Мухамедовны

учитель начальных классов

МКОУ СОШ №1 с.п. Старый
Черек

Урванского района КБР

Февраль 2016 г.

Зэ1утхащ ди гуапэу ди школыбжэр ф1эхъус апщий.

Нэм хуэдэу ди анэхэ,

Дэм хуэдэу ди адэхэ,

Дахэу ди шыпхъухэ,

Жану ди къуэшхэ,

Дыгъэ щыгъэу ди щ1эблэ ц1ык1ухэ!

Фыкъеблагъэ, зи бзэр псэм пэзыщ1хэр

Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр

Ди бзэр набдзэу къэзыбж псори

Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ!

Дизэ1ущ1эр зытеухуар ди бзэ дахэм

ди бзэ къабзэм

Ди адыгэбзэу ди анэдэльхубзэм.

Пщэдей си бзэр
к1уэдыжынум

Сыл1эну нобэ
сыхьэзырщ.

                                                              
/ Расул Гамзатов/

Адыгэбзэр
зэзмыгъащ1эу

Урысыбзэ сщ1эн
слъэк1акъым…     /К1ыщокъуэ Алим/

            
Адыгэбзэ – Адыгэпсэ  /

                                                                   
Жыласэ Замир/

1.Cи бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ щабэу адыгэбзэ,

Узигъусэщ жэщи махуи,

Гущ1агъщ1элъу сянэм и бзэ.

2.Адыгэбзэ уэ си гъащ1эм

                Хьэл- щэныф1хэр къыхэплъхьащ

             Сыбгъэгушхуэу сытым щыгъуи

    Уэ си гъащ1эм ухэлъынщ.

3.Адыгэбзэм нэхъ сф1эдахэ

Зы бзэ закъуи зэхэсхакъым

Адыгэбзэм хабзэ дахэр

Симыгъащ1эу хуэшэчакъым

4.Адыгэбзэ, уэ си дыгъэр

          Махуэ къэск1э къысхуоупсэ

Адыгэбзэм и дахагъэм

        Къыхелъхьэжыр адыгэпсэ.

Уи къуэпсхэр си анэдэлъхубзэ,

 Сипкъ псом игуэшауэ сопсэу

Уэрщ л1ык1уэу и1эххэр си гупсэм

Ущохъу си тэрмэш къэрал псом.

Ведущий. Анэдэлъхубзэ! Мы псалъэхэр ди гумм къохуэбыл1э,
дегъэин. Абы дэ зыхыдегъащ1э къыддалъхуа , ди гум щыдгъаф1э бзэ лъап1э
дызэри1эр. Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъуж , ар зымыщ1э ц1ыхум къыщалъхуа  лъэпкъыр
ф1ыуэ хуэлъагъунукъым. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри , уи
щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр.

Усэ  Сытхэр уи
къэк1уэну          ( Быгуэ Маринэ)

1.Сытхэр уи къэк1уэну си бзэ дахэ,

Си анэдэлъхубзэ, си бзэ 1эф1?

Уэ къыпхуащ1 «гулъытэм» сещ1 гу махэ

Уаф1эк1уэдыжын игъуэншэу сф1ощ1.

2.Сытхэр уи пщэдей .си адыгэбзэ?

            Къуршхэм, уафэ къащхъуэм я1урылъ

      Жэнэтбзу щхьэхуит зыгъэбзэрабзэ,

Къэзы1уатэ зэгуагуит1 гурыль.

3.Тхыдэ жыжэм укъыщожьэ, си бзэ,

Си лъэпкъ уардэм и анэм къыдилъхуа!

Л1ыжь жьак1эхухэм ура1эщэт,си псэ,

Ат1э сыт уахъты узэрыхуар?

4.Сабий къалъхуагъащ1эм и анэбзэм

Щымахъашэу щыщ1амыгъэдэ1у

 Зы медан уэ къыпхуихуэну,си псэ

      Пщ1амэ,утехьэнти уи гъуэгущхьэ1у

5. Узэпхыплъыжынт къэпк1уа гъуэгуанэм,

«Сытк1э ягу сеуа?»-ущ1эупщ1энт

Уэ упищ1у лъэпкъыми псэм ,и нэм

Щыщыта дакъикъэр къыт1ущ1энт

6. Уи псэ къабзэм ехуэбыл1э псалъэ

Къи1ущэщхэм уи гур яхъумэнт,

                                        
Къамыгъачэу зэгуамыгъэуду,

    Бгъэм имыхуэж гуауэр тек1уэтынт.

7.Сыт пхуэсщ1эну, си бзэ,си псэ закъуэ,

Уи лъэр щ1эмыхуну ,Тхьэм и нэф1…

Сыпсэлъэнщ ,къызатми нэмыплъ жагъуэу,

Уэрк1э, сэ си адыгэбзэ 1эф1!

Ведущий.  Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу  зэригъэпэщахэм я
нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм 
ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и

Дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы
гъащ1ии1энукъым.

   Ц1ыхум бзэм зыхуей къри1уатэ къудейкъым, ат1э ар и
гупсысэм и 1эщэ хьэлэмэтщ.

                                        Адыгэбзэ

Адыгэбзэр си псэкъым,

Адыгэбзэр си нэкъым,

Си псэм хуэдэр си анэрщ,

Си нэм хуэдэр си адэщ.

Адыгэбзэр псысэкъым

1ейуи сыгупсысэркъым

Ар си нит1ым я нэщи

Ар схэлъ си псэм и псэщи…

                                      
Ди бзэмрэ сэрэ                             (К1ыщокъуэ Алим)

1Л1эщ1ыгъуэ дапщэ къэдгъэщ1ами

Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.

Ди бзэр псэужмэ, апщ1ондэхук1э

Си гугъуи ящ1у зэхэфхынщ.

         2.Мак1уэр сыхьэтыр къимыгъазэу,

Вагъуэм нэсыни хулъэмык1.

              Нэхъ згъэк1ыхьынут бзэм и гъащ1эр,

   Ар щхьэк1э зыми ар лъэмык1.

3.Къэдгъэувы1энут а
сыхьэтыр,

Ар щхьэк1э ди бзэр
гум пымык1.

Си щ1ыбым илъу стелъщ
сэ хьэлъэ,

Бэлыхьу 1эджэм
сыхэмык1.

4.Сэ щ1ы къатиблыр къыслъысами,

                                        
Си анэм и бзэр с1эщ1эмык1.

 Щыблэр къыщыуэм щыщ1эдзауэ

                                   
    Вагъуэ зэшиблым деж нэсыху-

                                       
Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр,

                                       
Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.

Уэрэд «Си анэбзэ,
си адыгэбзэ
» 

                                                         (Джэдгъэф
Борис)

1.Пщэдджыжь нэхулъэм вагъуэр полъэлъри,

Къуалэбзуубзэр мэхъур пшынэбзэ

Бзум и бзэ дахэр сф1ощ1 си анэбзэ

Сэ си анэбзэ, си адыгэбзэ.

2.Къэт1ысыт сибгъук1э си анэ дыщэ

Гущэкъу уэрэдк1э къызэ1ущащэ

                                        
Сэ псэуэ си1эр ар си анэбзэщ,

                                        
Ар си анэбзэщ, си адыгэбзэщ.

3.Жыгей мэзыжьу жьым къигъэушым

Ныдэуэршэру псынэр мэушэ,

Псынэ 1ущащэр сф1ощ1 си анэбзэ,

Сэ си анэбзэ,си адыгэбзэ.

         4.Гъатхэ накъыгъэм щ1ыр игъэпсалъэу,

           Гулъхэр бэвыгъэу къызэрылъэлъым,

                 Щ1ылъэм 1урылъыр сф1ощ1 си анэбзэ,

                                           
Сэ си анэбзэ, си адыгэбзэ.

Ведущий.   Бзэм лъэпкъыр зы ещ1, зы лъэпкъыр адрейхэм
къащхьэщегъэк1. Бзэр имы1эмэ ,лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм
яхошыпсыхьыж.

                Зи щхьэ,зи лъэпкъ пщ1э
хуэзыщ1ыждэтхэнэри телэжьэн хуейщ къыдалъхуа и анэдэлъхубзэм, ар и нэ, и псэуи
илъагъу, и1этын  хуейщ.

         Бзэм и гъащ1эр зи 1эмыщ1э илъыр къэзыгъэщ1а  лъэпкъырщ,
пэжу бгъэдэтмэ, тэмэму игъэлажьэмэ,еф1эк1уэнущ.

              Си анэдэлъхубзэ

1.Си анэдэлъхубзэу си псэ,

Си анэдэлъхубзэу си
нэ,

Щхьэ ущымы1ужрэ
къабзэу

Нобэ уэ адыгэ унэм?

2. Си анэдэлъхубзэу дахэ,

Си анэдэлъхубзэу пагэ,

Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти

Дуней псом язэрыхэтыр!

3. Си анэдэлъхубзэу
гуапэ,

 Си анэдэлъхубзэу
гуащ1э,

Уи бын пэжхэр щ1ым
гуп-гупу

Щызэбгридзакъэ
гъащ1эм?

4.Мащ1э хъурэ гъащ1э мащ1э?

Мащ1эр хэк1уэдэжрэ занщ1эу?

                                        
Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ,

Уэ ущхьэщыхьакъым нэпкъым!

5. Си анэдэлъхубзэу
нахуэ,

Си анэдэлъхубзэу
хахуэ,

Зы шу закъуэу щытми
нартыр

Пэувыфти и дзэм
чынтым.

6. Си анэдэлъхубзэу уардэ,

Си анэдэлъхубзэубыдэ,

                 К1уэщ1ыр пэжмэ уэ уи л1ыгъэр,

      Ар дэращ зи хуэмыхугхэр.

7.  Си анэдэлъхубзэу
си псэ,

 Си анэдэлъхубзэу си
нэ,

Щхьэ ущымы1ужрэ
къабзэу

Нобэ уэ адыгэ унэм?

8.Ямыпсыхьу къэна купкърищ

Сосрыкъуэ и1ар л1ап1эу,

Си анэдэлъхубзэу лъап1э

            Уэ ул1эжмэ – л1эжащ лъэпкъыр!

                Урысыбзэр дунейм нэхъ бзэ лъэщ дыдэу
щы1эхэм ящыщщ, ар умыщ1эу уи щ1эныгъэм, уи акъылым зиужьынукъым. Ауэар тэмэму
пхузэгъэщ1энукъым уи анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ умыщ1эу.

                К1ыщокъуэ Алим и усэ сатырхэм къыхощ
ар:

                                          Адыгэбзэр
зэзмыгъащ1эу

                                          Урысыбзэр
сщ1эн слъэк1акъым.

                 Зи бзэр зымылъагъужым и лъэпкъри
зрипэсыжыркъым.         Анэдэлъхубзэр 1умпэм зыщ1ым къызыхэк1а лъэпкъри  къыдалъхуахэри
егъэпуд.

         «Уи Хэкум хуи1э лъагъуныгъэр ныкъуэщ,

          Анэдэлъхубзэр ф1ыуэ умылъагъумэ»

                                                           (К.Паустовский)

     Абгъуэм къик1ыу бгъэр лъэтэнум

      Хуейщ и дамэр ишэщ1ын

      Ц1ыхум ц1ыхуу зибжыжынум

      Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын.

                               
Адыгэбзэ            (Бемырзэ Мухьэдин)

1.Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж

Си гукъыдэж, си гурыф1ыгъуэ,

Узи1эу зыми семыфыгъуэ

Узи1эу зыми семыиж.

2.Си анэдэлъхубзэ, уэ улъэщщ,

Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ

   Ц1ыхугу дэтхэнэри къот1эщ1

Уэ ущагъабзэк1э 1эрыхуэу.

3.Уэ уаф1эжьгъейми къэбгъэщ1ащ

Зэрыдунейуэ зэджэр «Нартхэр»

Гъэ минхэр, си бзэ уэ бгъэщ1ащ

Иджыри мащ1экъым уи нат1эр.

            4.Си лъэпкъым щ1эблэ къыщ1эхъуам

Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу

  Я нэхъ тхьэмыщк1э ущыхъуам

                                          
Уре1э уэ, си адыгэбзэ!

           Ди бзэр хъума хъун папщ1эк1э псоми гугъу зедгъэхьын
хуейщ.1уэры1уатэу ц1ыхухэм къахэна уэрэдыжь, шыпсэ,гъыбзэхэр зэхуэхьэсыжынымк1э
дэ1эпыкъуэгъу дыхъун хуейщ.

         Нобэрей адыгэ щ1эблэм ди къалэнщкъыддалъхуа
бзэр, ди адэшхуэхэм къащ1эна хабзэдахэр тхъумэну, ипэк1э дгъэк1уэтэну, лей
къытедмыгъэхьэну.

         Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу,

         Ди адыгэбзэ, куэдрэ уэ тхуэпсэу.

         1эф1ыгъэу, л1ыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм

         Щыгъуазэ сщ1ынт, слъэк1амэ ,дуней псор.

                                                                            
(Кагъырмэс Борис)

                       
Уэрэд «Адыги»            (Апанас Астемир)

          Си бзэм сэрэ дызэт1олъхуэныкъуэу

          Зы адыгэ анэм дыкъилъхуащ…

          Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,

          Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар!

                                                               (Мыкъуэжь
Анатолэ)

   Ей, пщащэ жанхэу Къэбэрдей пщащэхэ!

  Къэбэрдей щауэхэу, щауэ къуданхэ!

  Бэм дазэрыхэту дэ ди анэбзэр

  Дывгъэгъэлъап1э, едывгъэгъэф1ак1уэ!

                                         Адыгэ къафэ

Автор: Агаржанокова Фатима Инусовна
Должность: учитель начальных классов

Учебное заведение: МКОУ «СОШ а.Бесленей»
Населённый пункт: аул Бесленей, Карачаево-Черкесская республика
Наименование материала: Методическая разработка интегрированного классного часа в 3 классе
Тема: Классный час «Родной язык-душа моя, жизнь моя, мир мой! Си бзэ, си псэ, си дуней!»

Раздел: начальное образование

«Родной язык –

душа моя, жизнь моя,

мир мой!»

« Си бзэ, си псэ,

си дуней!»

Провела:

учитель начальных классов

первой категории

Агаржанокова Фатима Инусовна

2017 го

Тема:

«Родной язык –душа моя, жизнь моя,мир мой!» « Си бзэ, си псэ,

си дуней!»

Цель: воспитание уважения к своему языку ,своей культуре, традициям,

обычаям, взаимоуважение к представителям разных культур.

Ход классного часа

Язык – это мир слов, который открывает нам окружающую жизнь во

всем ее многообразии. Именно он служит средством общения. При помощи

языка мы передаем свои мысли, желания, чувства.

В нашей школе учатся дети разных национальностей – это и русские, и

украинцы, кабардинцы и балкарцы, армяне и турки, белорусы и корейцы.

Учащиеся изучают английский и немецкий языки. Каждый язык самобытен,

он отражает менталитет и обычаи народа, пропитывается заложенной в нем

культурой. Яркая палитра языков формирует наше сознание и делает нас

богаче.

«Каждое слово языка, каждая его форма есть результат мысли и чувства

человека, через которые отразилась в слове природа страны и история

народа». Слова Константина Ушинского стали девизом фестиваля «Родной

язык – душа моя, мой мир», главная цель которого — сохранение и развитие

родных языков, воспитание подрастающего поколения на лучших традициях

народов через культуроориентированную, художественно-эстетическую

деятельность детей. Литературно-музыкальная композиция «Родной язык —

моя душа, мой мир», посвященная литературному творчеству Адама

Шогенцукова, Кайсына Кулиевано их творчество и духовный рост объедены

бескорыстной преданностью и любовью к родному языку, стремлением к его

возрождению и развитию.

Стихи и песни о красоте природы, о любви во всех её проявлениях: к

матери, женщине, к Родине.

Пословицы и поговорки адыгов.

Пословицы адыгов, как и у других народов, созданы самим народом, в

них выражено коллективное мнение народа. Удачная мысль, как молния,

родившаяся в уме человека, чудесным образом воплощается в слова, и если

она выражает мнение большинства народа, метко и четко выражает думы и

чаяния народа, если она в трудную минуту является верной подмогой, она

уверенно становится крылатой фразой, а затем народной пословицей и

прочно ложится в память.

Адыги любят и умеют образно и красиво выражать свои мысли. Об этом

свидетельствует древняя история народа, ее героический эпос, созданный в

стихотворной форме еще в глубокой древности. Этот эпос впервые был

описан Шабаном Кубовым, но более известен в изложении Аскера Гадагатля.

В пословицах народ дает готовый вывод, но они не завершение раздумий, а

скорее точка опоры для новых мыслей, для новых действий. В них выражены

наставления народа, заветы предков для потомков, подрастающего поколения.

Наиболее мудрые, в хорошем переводе, пословицы входят в обиход и других

народов.

Пословицы и поговорки адыгов, как и любого другого народа, являются

продуктом не одной эпохи. Они складывались на протяжении многих

столетий, отражая жизнь, быт, традиционную культуру, обычаи и традиции,

которые передаются из поколения в поколение. При этом они несут большую

воспитательную функцию. Они как жемчужины народной мудрости. Каждый

народ имеет свое миропонимание окружающей действительности, чувствует

связь между явлениями в жизни и природе.

Творческое задание «Пословица в красках» :

В неначатом деле змея сидит

Iоуху мыублэм блэ хэс.

Мудрый – советуется

Iущыр мэчэнджэш.

Для дружного стада волк не

страшен

Iуэхугъуэ зэдэзыщтэмкIэ дыгъужьри

щынагъуэкъым.

Один человек трижды если тебя

обманет – ты глуп, в одну и ту

же яму трижды

если упадешь – ты слеп

А зы нэрыбгэм щэ укъигъапцIэмэ —

уделэ, а зы мащэм щэ уихуэмэ — унэф.

Адыгский гость словно в

крепости сидит.

Адыгэ хьэщIэ быдапIэ исщ.

Имеющий разум имеет

выдержку.

Акъыл зиIэм Iэщ1агъэ иIэщ.

Разум – богатство, богатство –

роса.

Акъылыр былым, былымыр уэсэпс.

Разум цены не имеет, знание –

границ.

Акъылым уасэ иIэкьым, гъэсэныгъэм

гъунэ иIэкьым.

Разум – вторая душа человека.

Акъылыр ц1ыхум и ет1уанэ псэ.

Умный к дураку ключ находит.

Акъылыф1эм делэми бзэ къыхуегьуэт.

Того что не находили, не дарят.

Кьамыгьуэта тыгьэ ящ1кьым.

Мужчине, который сам не был

связан, не давай себя связать.

Ямыпха лIы зомыгъапхэ.

Язык для сердца путеводитель.

Бзэгур гум ит1элмащщ.

Язык – что вынутый кинжал.

Бзэгур сэ кьихащ.

Язык правит миром.

Бзэм дунейр зэтре1ыгъэ.

Прошлого не знающий,

настоящему цены не поймет.

БлэкIар зымышIэм нобэрейм м уасэ

ищ1эркьым.

Разум превыше богатства.

Былымым нэхърэ акъыл.

Чем тот, кто много говорит,

лучше тот, кто много делает.

Куэд жызы1эм нэхърэ куэд зыщ1эр

нэхъыф1щ.

Чем долго прожить, лучше

много повидать.

Куэд зыгъэшIа нэхърэ куэд зылъэгъуа.

Приятное сердцу прекрасно для

глаз.

Гум ф1эф1ыр нэм ф1эдахэ.

Подумав говори, осмотревшись

садись.

Гупщыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс.

Сердце к сердцу путь находит.

Гурэ гурэ зэрощ1э.

Изобразить одну из пословиц.

Выставка готовых работ.

Рефлексия.

Подведение итогов классного часа.

АДЫГЭБЗЭМ И МАХУЭШХУЭ

ФЕСТИВАЛЬ — ЕПЛЪЫНЫГЪЭ

« СИ БЗЭ —

СИ ПСЭ ,

СИ ДУНЕЙ»

Бзэрабзэ, си адыгэбзэ!

Усэ Ирипсалъэ адыгэщ1

Макъамэм щ1эту утыкум къохьэ езыгъэк1уэк1хэр .

Гимн Адыгов

1 в — Ф1эхъус апщий, нобэ ди зэхуэсым кърихьэл1а псоми! Нобэ, гъатхэпэм и 14 м Адыгэбзэм , ди анэдэлъхубзэм и махуэ лъап1эщ.

2в- Фыкъеблагъэ , зи бзэр псэм пэзыщ1у

Зи тхыдэжьыр зыгъэлъап1э псори,

Дэ ди гуапэщ ди анэбзэр, хабзэр,

Щ1ыхь ин хэлъу къыддэвгъэлъэп1эну.

1в.- Фыкъеблагъэ ,зи бзэр зыф1э1эф1хэр,

Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр,

Бзэр лъэпкъ напэу къэзыбж псори ,

Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ!

Макъамэ къоуэ.

1в. — Адыгэм хабзэр и бзыпхъэщ, 1уэху щиублэк1э,хъуэхъук1э щ1едзэ. Дэри а хабзэр

нобэ ткъутэнкъым. Ди махуэшхуэ зэхыхьэр къызэ- 1утхынщ хъуэхъук1э.

Али — Сэ хъуэхъуэн си фарзщи,

Фарзыщ1агъ тхэмылъу,

Къэралыгъуэу дыщыпсэум

И псэук1эр еф1ак1уэу,

Къэралу щы1эм драпашэу,

Лъэпкъыу исыр зэгуры1уэу

Зэдэ1уэжрэ зэрылъытэу

Зым 1эпыхур зым къищтэжу

Зы унафэм дыщ1эту

Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъаф1эу

Ар 1эщ1ыб дымыщ1у

Гъавэр, псыр, шыгъур, гъущ1ыр, хугур

Берычэту ди1эу

Гум и щ1асэу

Гухэщ1 дымылъагъуу,

Гъащ1эрэ щ1эныгъэрэ

Нэмысрэ насыпрэ ди куэду

Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1!

Диана — Ди бзэр зэзмыпэсыжу

Ар 1эщ1ыб ищ1ыну ек1э и ужь ихьэхэм

Дахуохъуахъуэ мыпхуэдэу:

Гъэ мэш ищ1эну губгъуэм щихьам деж,

И хьэсэм ихъуреягъыр хьэкъыршу,

И кур шыпсыранэу,

Зрагъэзыхмэ, и нэм къыщ1эуэу,

Хэ1эбэмэ, и 1эр къису,

Дзыгъуэ тхыц1эр щ1имыгъанэу –

Апхуэдэ гъэ «бэв» тхьэм кърит!

2в. — Нобэрей ди зэ1ущ1эр къызэ1уахыу ар хъуэхъу псалъэк1э ирагъэжьэну утыкум къыдогъэблагъэ илъэс бжыгъэ хъуауэ анэбзэ 1эф1ыр щ1эблэм 1уралъхьэу ди еджап1эм щылажьэ ди егъэджак1уэ Псэун Мария Малыч и пхъур.

в. — Ди адыгэбзэр мывэ джей быдэщ,

Илъэс мин куэдхэр абы и тхыдэщ,

Псы къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ,

Ди лъэпкъгъэф1эну дызэрыгуф1эщ.

1в. — И бзэр ф1эдахэмэ — ар лъэпкъ узыншэщ,

И бзэм хуэлажьэмэ – ар лъэпкъ уахътыншэщ, Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.

2 в Зи бзэр 1эрыхуэу зыгъэбзэрабзэу

Ди ныбжьыщ1э ц1ык1ухэр къыдогъэблагъэ

1 класс

Флешмоб 9 класс

3 класс

— Дэ ди гуф1эгъуи

Ди нэщхъеягъуи

Тхузэбгъэзахуэу

Утетщ гъуэгу махуэ.

Анэдэлъхубзэ, адыгэ жьабзэ,

Уздэщымы1э сыщремы1э.

— Си гум и хущхъуэ

Псэм и 1эф1ыщэ,

Пхузощ1 сыт щыгъуи

Адыгэ ф1ыщ1э.

Анэдэлъхубзэ,анэм и жьабзэ,

Уздэщымы1э сыщремы1э!

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ

Псы зыщ1этыр тек1уэту,

Вгъэ1у бзэ хуабэм и макъ.

-Си бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ дахэу уэ си нэху!

Уэращ си анэдэлъхубзэр,

Сф1эбэмащ1эщ сыпсэлъэху!

Упсэу, си бзэ,

Хьет жегъэ1э!

Уэрэд «Си бзэ — си псэ, си дуней.

псалъэхэр Джэдгъэф Борис

макъамэр Молэ Владимир яйщ.

  1. Си 1уащхьэмахуэ уэгу пк1элъейм

Хасэшхуэ щызэхуос.

Къапсэлъыр нобэ Къэбэрдейм

Си гущ1эм нылъо1эс Ежьу: Си бзэ – си псэ, си Дуней.

Анэбзу си уэрэд

Лъагъуныгъэу сигу мыжейм,

Сигу мыжейм укъолъэт

Адыгэу тетым щ1ы хъурейм,

Ей, маржэ, жыф1эрей:

Си бзэ- си псэ, си Дуней.

Си бзэ – си Дуней!

  1. Къайсэри Щами къыподжэж.

Схуэхъуахъуэу джэрпэджэж.

Уэрэдыр хуэдэщ дыгъэ бзийм,

Псэм нурыр щеукъуэдий.

Ежьу

1в. Ди адыгэбзэм , анэдэлъхубзэм

Блэк1а зэманхэр къыдегъэщ1эж,

2 в Ди нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр,

Адыгэ къафэр дэни нехьэсыр.

«Уэркъ къафэ» 9 класс

1в. — Си бзэмрэ сэрэ дызэт1олъхуэныкъуэу

Зы адыгэ анэм дыкъилъхуащ,

Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,

Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар.

2в. — Анэбзэ 1эф1ыр зыгъэик1эм

Зэфа быдзышэр ещ1 хьэрэм ,

Адыгэ анэ щ1ым тетыхук1э

Тхъумэну ди бзэр ди къалэнщ.

Сценкэ Адыгэбзэ 11,7 кл

1в. — Щыфхъумэ фи гум а хуабагъэр,

Фызэхуэбыл1э псэк1э ,

Адыгэ лъэпкъым лъэ1у фхузи1эщ,

Си гуапэщ фыщ1эдэ1умэ.

Видео « Лъэ1у»

1в. — Узэщымыджэ , си бзэ дахащэ,

Зеиншэу , кхъы1э, зумылъытэж,

Анэнэп1эсым и гупк1э дзак1эм ,

Урадзэжами, зысхуэхъумэж.

2в. — Маржэ , си адыгэ ,

Дызэрывгъэубыд.

Хъунущ ди пщ1эр лъагэ ,

Зыдмыщ1ыжмэ пуд.

1в. — Псалъэ , псалъэ , адыгэ псалъэ,

Адыгэгур л1ыгъэм хуэгъэпсыж.

«Уадыгэщ» жа1эм дрипагэу,

Адыгагъэм и пщ1эр къэ1этыж.

1в. — Си къуэшхэ, фыкъихьэт утыкум,

Си бзэм нобэ и махуэщ,

Кърихыу гуф1эгъуэр фи нэгум,

Уджыр ефшажьэт псыпыхуу.

« Адыгэ къафэ» уэрэдыр

Пэублэ псалъэ (егъэджак1уэм) : Дэтхэнэ зы лъэпкъми ижь – ижьыж лъандэрэ пщ1э хуащ1у къок1уэк1 ц1ыху губзыгъэм, ущияк1уэм, гъащ1эм къыхиха 1ущагъхэр бэм я пащхьэм изылъхьэжыфым. Апхуэдэу адрей лъэпкъхэм къахэщырт я акъылыф1агък1э адыгэхэр. Я акъылыф1агъэр къызэрагъэлъагъуэр  ди анэдэлъхубзэрт, адыгэбзэрт. Къэплъытэ хъунущ, адыгэбзэр нэхъ тэмэм дыдэу убзыхуа бзэхэм ящыщу, абы и щыхьэтщ псалъэ хьэулей куэд зэрыхэмытыр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ щ1агъуэ щыхуэдмыщ1 куэдрэ къохъу. Мы зэпеуэмк1э дэ къалэну дгъэувыр ди бзэм и дахагъыр зэхэтщ1эу ди пщэдейр зи 1эмыщ1э илъыну фэ ц1ык1ухэм абы пщ1э хуэфщ1у, фегугъуу фхъумэнырщ.

Нобэ зэпеуэнухэщ 8-нэ «а» классым щ1эс еджак1уэхэу «Гуащэ и псынэ» зи ф1эщыгъэц1эхэмрэ  8-нэ «б» классым и еджак1уэхэу «Хэкужь» гупымрэ. Аращи фыкъыдогъэблагъэ ди зэпеуэм : зывгъэпсэху, ди зэпеуэм фыкъыхыхьэ, ди адыгэбзэм и дахагъыр, шэрыуагъэр зэхэфщ1э. Утыкум къыдогъэблагъэ гупит1ыр. Аращи «Гъуэгу махуэ» вжыдо1э

  1. «Дызэрывгъэц1ыху»

«Гуащэ и псынэ « гупым

 «Гуащэ и псынэ» . мы псынэ гъуджэ дахэк1ейр къыщыщ1ож къуак1э зэвипл1ым я дыхьэп1эм къыщежьэрэ уэх мащ1эм деж мэз курыкупсэ дыдэм хуэзэу . Алътогу ауз къыщыщ1эж Алтогу псышхуэм и ф1эщыгъэц1эр мы псынэ телъыджэм и деж къызэрысу ихъуэжын хуей мэхъури, адэк1э Къулъкъужын хэхуэжыху « Гуащэ и псынэк1э» йоджэ.А лъэныкъуэмк1э мы гупым хэтхэр дыщопсэу.а псы ц1ык1уращ Щоджэнц1ык1у Алий и «Къулъкъужын и зы махуэ» усэр зытеухуар:

                 Къуэ щхъуант1э уэхым и лъащ1эм

                 Псы гъуджэ ц1ык1ур щопщ1ыпщ1э;

                 Тк1уэпс щ1ы1э щыгъэхэр 1уфит1ым

                 Я удз щ1эращ1эхэм хеутхэ.

                 Псынэ абджыфэм и 1уфэм

                 Жыг хьэлэмэтхэр тожьауэ,

                 Дыгъэ нур гуащ1эм пэлыду

                 Зишэщ1 – зи1уант1эу мэк1уасэ

                 Махуэр хуабейщи бгы нэк1ухэм

                 Удз епэр тхьэмпэхэр щолалэ.

                 Къуалэбзу ц1ык1ухэри бэмп1ауэ

                 Псы щабэ 1уфэми щохуарзэ.

 « Хэкужь» гупыр

« Хэкужь». Аращ нэхъапэм зэреджэу щытар псынэ гъуджэ куэд къыщыщ1эж Абзуан хьэблэ щ1ыналъэ телъыджэм. Хэкужь жылэжьым щыпсэу адыгэл1хэр шууей 1эк1уэлъак1уэу, зэуэным хуэ1эзэу, шынэ жыхуа1эр ямыщ1эу, шэрыуагък1э къапэхъун гъуэтыгъуейуэ щысабийм къыщыщ1эдзауэ щ1эблэр ягъасэрт. Мы щ1ыналъэр пасэрей ц1ыхухэр зыхуэныкъуэу щыта псынэ къабзэхэмрэ хъуп1э хъарзынэхэмк1э къулейщ. 1917 гъэм ек1уэк1а революцэ хьэлъэм и ужьк1э Къуэнхьэблэрэ Абзуанхьэблэрэ «Къулъкъужын» ф1эщыгъэц1эмк1э зэрахъуэк1ащ,ауэ «Хэкужьк1э» нобэр къыздэсым йоджэ къуажапщэмк1э къыщыс хьэблэм. А хьэблэм дэ гупыр дыщопсэу а хьэблэм щыпсэуащ Балъкъыз Батий.Ик1и ди гуапэу федгъэдэ1уэнщ и къуажэгъухэм яхуиуса усэм:

                             Фхуэс1уэтэнщи си гухэщ1ыр –

                             Гуауэ хьэлъэм сыполъэщыр.

                             Нывжес1энщи си гуф1эгъуэр –

                             Сэ  щ1эрыщ1эу си гур хохъуэ.

                             Сщ1экъым сэ ар къызыхэк1ыр,

                             Фи губгъэным сыф1ол1ык1ыр.

                             Гугъэу си1эм я нэхъ лъап1эр –

                             Къэсхьэхунырщ фи гур гуапэу.

                              Фи гуф1эгъуэм и пшынэбзэр

                              Зэхэсхыну сыщ1охъуэпс,

                              Ауэ гуауэм хишмэ гъыбзэ

                              Къысф1ыщ1ок1ыр сэри нэпс.

                              Сыхъуу щытми нэхъ фпэжыжьэ,

                              Си псэр нэхъри фпэгъунэгъущ.

                              Фэрщ и нит1ыр си Хэкужьым,

                              Фи гурыщ1эр си 1эпэгъущ.

Егъэджак1уэм: Фыпсэу! Дахэу зыкъэдвгъэц1ыхуащ. Иджы яужь дихьэнщ ди зэпеуэм .Унэ лэжьыгъэу фи1а «Си бзэ – си адыгэбзэ» 1ыхьэм дедэ1уэнщ.

« Хэкужь» гупым къыщ1едзэ.

                                        « Хэкужь» гупым:

Лъэпкъым сыт хуэдэ гуф1эгъуэ къэхъуами зэраублэу щытар хъуэхъущи

                       —  Ди зэпеуэр идохьэжьэри

                         Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу,

                         Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,

                         Лъэуджыджэ тхэмыту.

                         1ей тхэтыныр ди жагъуэу,

                         Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,

                         Ди гукъеуэр здэтшэчу,

                         Ди чэт гъэлъэхъу щымыщ1эу,

                         Ди хъыджэбзхэр щ1ык1аф1эу,

                         Ди щ1алэхэр гъущ1ыпсэу,

                         Псыблэм хуэдэу заупц1у

                         Пц1ащхъуэ лъатэм къадэжэу,

                         Я жэрагък1э алъпыжьхэу,

                         Ди щ1эблэщ1эр

                         Тхуэпсэуну сохъуахъуэ!

                      — Ди бзэр зэзмыпэсыжу

                        Ар 1эщ1ыб ищ1ыну ек1э и ужь ихьэхэм

                        Дахуохъуахъуэ мыпхуэдэу:

                        Гъэ мэш ищ1эну губгъуэм щихьам деж,

                        И хьэсэм  ихъуреягъыр хьэкъыршу,

                        И кур шыпсыранэу,

                        Зрагъэзыхмэ, и нэм къыщ1эуэу,

                        Хэ1эбэмэ, и 1эр къису,

                        Дзыгъуэ тхыц1эр щ1имыгъанэу –

                        Апхуэдэ гъэ «бэв» тхьэм кърит!

Адыгэбзэм теухуа усэхэмрэ уэрэдрэ ягъэзащ1э:

                        — Адэжь щ1ыналъэ,

                          Си нэр зыгъаплъэ,

                          Си лъэр здэбыдэ,

                          Зыми хуэмыдэ,

                          Уэ уи жьэгу дыщэм

                          Щызек1уэ хабзэм

                          Анэдэлъхубзэр ныдобзэрабзэр.

                        — Дэ ди гуф1эгъуи

                           Ди нэщхъеягъуи

                           Тхузэбгъэзахуэу

                           Утетщ гъуэгу махуэ.    

                           Анэдэлъхубзэ, адыгэ жьабзэ,

                           Уздэщымы1э сыщремы1э.

                          — Уэ ди нэ ди псэ лъэпкъым и гупсэ,

                            Анэм и жьабзэ

                            Анэдэлъхубзэ, уэ узижагъуэр

                            Хэтми мыщ1агъуэ,

                            Узыгъэик1эр акъыл тхьэмыщк1эщ.

                          — Си гум и хъущхъуэ

                             Псэм и 1эф1ыщэ,

                             Пхузощ1 сыт щыгъуи

                             Адыгэ ф1ыщ1э.

                             Анэдэлъхубзэ,анэм и жьабзэ,

                             Уздэщымы1э сыщремы1э!

                          —  Адыгэбзэр жа1э к1уэдыжыну

                             Ар уи ф1эщ уэ хъурэ, си ныбжьэгъу?

                             Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ,

                             Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущ1эгъу.

                              -Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым.

                              Акъыл ин ухуэмей

Къыбгуры1уэу а т1эк1ур

Утетыну дунейм.

-Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,

 Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.

 Бзэр тхъумэну  зымыдэр

 Ди биям къагъэщ1ащ.

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр,

 Т1эщ1эк1ами дрикъунт

 К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым

 Хипщэжар сыт хъужын

-Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр,

Лъы зыщ1этыр фысакъ

            Псы зыщ1этыр тек1уэту,

            Вгъэ1у бзэ хуабэм и макъ.

                                         -Си бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ дахэу уэ си нэху!

Уэращ си анэдэлъхубзэр,

Сф1эбэмащ1эщ сыпсэлъэху!

Упсэу, си бзэ,

Хьет жегъэ1э!

Уэрэд   «Си бзэ — си псэ, си дуней.

                                                  псалъэхэр Джэдгъэф Борис

                                                  макъамэр Молэ Владимир яйщ.

  1. Си 1уащхьэмахуэ уэгу пк1элъейм

Хасэшхуэ щызэхуос.

Къапсэлъыр нобэ Къэбэрдейм

Си гущ1эм нылъо1эс        Ежьу: Си бзэ – си псэ, си Дуней.

                                                  Анэбзу си уэрэд

                 Лъагъуныгъэу сигу мыжейм,

        Сигу мыжейм укъолъэт

                 Адыгэу тетым щ1ы хъурейм,

      Ей, маржэ, жыф1эрей:

          Си бзэ- си псэ, си Дуней.

                                                  Си бзэ – си Дуней!

  1. Къайсэри Щами къыподжэж.

Схуэхъуахъуэу джэрпэджэж.

Уэрэдыр хуэдэщ дыгъэ бзийм,

Псэм нурыр щеукъуэдий.

 Ежьу

«Гуащэ и псынэ» гупым.

                      — Сэ хъуэхъуэн си фарзщи,

Фарзыщ1агъ тхэмылъу,

Къэралыгъуэу дыщыпсэум

И псэук1эр  еф1ак1уэу,

Къэралу  щы1эм драпашэу,

Шэуэ къелъэлъэхыр тпэ1эщ1эу,

Лъэпкъыу  исыр зэгуры1уэу

Зэдэ1уэжрэ зэрылъытэу

Зым 1эпыхур зым къищтэжу

Зы унафэм дыщ1эту

Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъаф1эу

Ар 1эщ1ыб дымыщ1у

Гъавэр, псыр, шыгъур, гъущ1ыр, хугур

Берычэту ди1эу

Гум  и щ1асэу

Гухэщ1 дымылъагъуу,

Гъащ1эрэ щ1эныгъэрэ

Нэмысрэ насыпрэ ди куэду

Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1!

-Ди анэдэлъхубзэр къуилъхьэжыну

Ек1э ди ужь къихьэм

Я пк1эунэм жумэрэн щыущу,

Я  хьэщ1эщым дзыгъуэ щит1 щыджэгуу,

Я шхы1эныжьым бацэ къилэлу,

Ц1амыщхъейр и гуфэу,

Гупхъэт1эк1уншэу,

Гулъэмыж къуаншэу,

Л1ит1 зы уэщу, л1ищ зы хьэму,

Я хьэмэщ щэджыншэу,

Хьэншэ унэу,

Мэрамысэ бэщ1рэ, унэлъащ1э ф1ейуэ

Тхьэм игъэпсэу!

-Жэщи махуи си анэдэлъхубзэм

 Иропсалъэ мо си къуршыжь плъагъухэр,

Къалъхуащ ахэр щ1ыр щымыджэмыпц1эм,

Щ1ыщ1игъэнар арщ я щыгур  тхъугъэм.

-Зэхэпхынущ си анэдэлъхубзэ

Зыхуэбгъэщхърэ уеда1уэмэ псынэм…

Си жылагъуэ 1эджэу нэм къы1уидзэм

Нэрэ нап1эу я1эр а нэщэнэрщ.

-Яхь я гъащ1эр, си бзэк1э нэщхъыф1эу,

Си тенджыз толъкъунхэу емышыжхэм,

Си бзэк1э мэгу1э е мэгуф1э

Сэ си лъахэу сыкъызыщхьэщыжыр.

-Си анэдэлъхубзэм ирипсалъэр

И куэдагък1э хъуркъым мелуан бжыгъэ,

Ауэ, си лъэпкъ мащ1эу си псэм хэлъым

Къыдок1уэк1ыр ар имыщ1эу жьыгъэ

                      -Си анэдэлъхубзэ хэмытауэ

Сигу къеуэк1эр фэ зэхэвмыщ1эну,

Си анэм и бзэр си къызимытамэ

Къыщ1эк1ынт сэ бзагуэу сыкъэнэну.

Си бзэу  си лъэпкъыц1э.                                    

                                         Бахъуэ Бет1ал.

-Уэ уи къежьап1эр, адыгэ хабзэ,

Си анэм къыздилъхуа си бзэрщ,

Си Хэкуу си нэм уэ уринабдзэщ,

Си лъэпкъым урищ1ыхь гъуазэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыадыгэжкъым.

Пшагъуэбэщ пщащэнэ ф1ыц1эр,

Нысэм щхьэрыгъри дыщэ пы1эжкъым,

Щ1элъыжкъым пшынэбзэм ди ц1эр.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди щауэишэр

Къутауэ зы нарт шабзэшэщ,

1эщ1элъри щауэу зи пащ1эр пхъашэм

Дзэху къамэ лъэпкъ саутыншэщ .

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди уэредадэр

Бжьыхьэпэм и зы жэп налъэщ,

Махъсымэ к1адэр, ди дыщэидэр

Пшэк1ухьым и сыхьэт п1алъэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыбзу дамэншэщ,

Мыл губгъуэм иту шу налыншэщ,

Гъатхэ уэлбанэу щхьэншэ техъуанэм

Щытк1ужу дызышыгъу к1анэщ.

-Ди бзэр к1уэдыжмэ, хуэзэм дыкъищтэу

 Дыхъуак1эщ хамэ жыхапхъэ,

 Я 1уэху зэф1эк1мэ драхьэгъащтэу

 Дгъэф1энущ я боужь дапхъэ.

-Ущык1уэдынум, си адыгэбзэ.

  Здэпхьынущ, сощ1э, ди хабзэр,

  Нэмысу, щ1ыхьу, уи л1ыгъэ хасэу

  Къинэнур хэкум зы гъыбзэщ.

-Ди адыгэбзэ!

  Упсэу уэ куэдрэ! Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр!

  Упсэу уэ куэдрэ1 уэ дыбдэпсэунщ!

  Удигуф1эгъуэщ, уэ уди1эщ набдзэу, упсэу!

  Упсэумэ  ди лъэпкъыр псэунщ.

                               Классщ1ыб лэжьыгъэ

Темэр:  Джэгу – зэпеуэ «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ»

Мурадхэр: я бзэр ф1ыуэ ялъагъуным я гур къыхуэгъэушын;

                     Анэдэлъхубзэм хуа1э гулъытэм хэгъэхъуэн;

                     Бзэр шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн.

                                 Зэпеуэр зэрек1уэк1ынур:

1   Пэублэ псалъэ.

2   Унэ лэжьыгъэ «Си бзэ, си адыгэбзэ»

                 а) хъуэхъу

                 б) усэ

                  в) уэрэд

  1. 1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу (псалъэжьхэмк1э зэпегъэуэн).
  1. Адыгэбзэр мэбзэрабзэ (псынщ1эрыпсалъэхэмк1э зэпеуэн).
  1. Хъыбар зи1э псалъафэхэр.
  1. ди бзэр ф1ыуэ тщ1эуэ п1эрэ?
  1. Дэрэжэгъухэм я 1ыхьэ . Адэк1э къыпыщэ…(нэщэнэхэмк1э зэпеуэн)

    8   Капитанхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу.

    9.  Псалъэзэблэдз.

Уэрэд «Адыгэбзэ»

псалъэр Щоджэн Аслъэнджэрий

        макъамэр Къэбэрдокъуэ Борис яйщ.

  1. Ди 1уащхьэмахуэ уафэм ныщ1оуэ,

Бахъсэн уэрыжьыр къуак1эм щызоуэ,

Мы ди Хэкужьыр Дуней телъыджэщ,

Ди адыгэбзэр абы и гъуджэщ.

  1. Зи бзэр зыф1эдахэр ар лъэпкъ узыншэщ,

Зы бзэм хуэлажьэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ,

Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ

  1. Ди адыгэбзэ мывэ джей быдэщ,

Илъэс мин куэдрэ абы и тхыдэщ,

Псы къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ,

Ди лъэпкъ гъэф1эну дызэрыгуф1эщ.

  1. Зи бзэр зымыдэу зы лъэпкъ щымы1э,

Зи хэку епц1ыжу зы лъэпкъ щымы1э,

Зы бзэр зыхъумэр мис ар лъэпкъ къабзэщ,

Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ.

  1. Мы дунейшхуэм лъэпкъ куэд щызок1уэ,

Зи бзэм  хуэсакъхэр зэманым ток1уэ,

Гъащ1э хъуэпсэгъуэр щ1ылъэм щаухуэ.

Апхуэдэ щапхъэм дэ дегъэгушхуэ.

  1. Ди адыгэбзэм лъэпкъыр зэпещ1э,

Блэк1а зэманхэр дэ къыдегъащ1э,

Ди нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр,

Ди лъэпкъ хъыбархэр дэни нехьэсыр.

  1. Зи бзэр зыф1эдахэр ар лъэпкъ узыншэщ,

Зи бзэм хуэлажьэхэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ.

Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ,

Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.

3 1ыхьэ

 Егъэджак1уэм (езыгъэк1уэк1ым):

1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу

Ди адыгэ псалъэжьхэр и ухуэк1э и зэхэлъык1эк1э фочыкум хуэдэу захуэщ, топышэм хуэдэу лъэщщ, икъук1э шэрыуэщ, маисэу  жанщ, дахэу зэгъэк1уащ, гупсысэ куук1э псыхьащ, купщ1аф1эщ, мыубзэщхъужщ. Ди адыгэ псалъэжьхэр гъэхуащ, гурыхуэщ, зэщ1экъуащ, зэк1ужщ. Хэбдзыни хэплъхьэни хэлъкъым. Ди адыгэ псалъэжьхэр апхуэдизк1э 1у щабэщи, анэ 1э щабэу ц1ыхум и гумрэ и псэмрэ 1э далъэ, зэми ар зэзу дыджщ, ену гуащ1эщи, шэуи ц1ыхум тохуэ. Псалъэжьхэм гъащ1эр лъэныкъуэ куэдк1э къагъэлъагъуэ: хабзэм, ущииныгъэм, гъэсэныгъэм, щ1эныгъэм нэгъуэщ1 куэдми. Къык1элъык1уэ 1ыхьэм зэреджэр «1уэры1уатэ нэхърэ — нэрылъагъу», псалъэжьк1э фызэпеуэнущ, зэпывдзыжурэ, хэт къэувы1эми ар хэнащ. Аращи дедэ1уэнщ.

    (Гупит1ыр зэпоуэ)

4 1ыхьэ

 Егъэджак1уэм

Лъэпкъыр щыузыншэр и бзэр убзэрабзэмэщ. Ди  къык1элъык1уэ 1ыхьэм зэреджэр «Адыгэбзэр мэбзэрабзэ», псынщ1эрыпсалъэк1э фызэпеуэну аращ. Сэ тхауэ фэстынущ псынщ1эрыпсалъэхэр, фоджэри гъуэрыгъуэурэ жыво1э.

Щ1ыдодзэ.

  1. Псынэ, псыбэ, бырыбищ, къыщик1ухьым щыбырыбыр п1ырып1ищщ.
  2. Ди щак1уэхьэм щ1эрык1уэхьыр щ1эк1уэрыхьырт
  3. Уэдыд, ди адэ дыдыр Дэбубыдым , быдэу едыр.

            4. Мыщэ. мыщ1э мащ1э.

5 1ыхьэ.

Егъэджак1уэм.

Адыгэхэм ди1эщ хъыбар зи1э псэлъафэ гъэщ1эгъуэнхэр, псалъэм папщ1э «Ер вы бжьакъуэм къок1» жыхуи1эр, къызытек1ар мы хъыбарырщ: Анзорхэрэ Къуэгъулъкъухэрэ я 1эхъушэхэр псыефап1эм щызэхуэзащ. Къуэгъулъкъуэхэ ягуур Анзорхэ я вым епыджри иук1ащ. абы къыхэк1ыу лъэпкъит1ыр бий зэхуэхъури зэзэуащ. Псэлъафэр абы къытек1ащ.

   Псэлъафэр вжызо1э, фэ къызытек1а хъыбарыр жыво1эж. Нэхъыбэ жызы1эфыр тек1уащ.

  1. «Ахъмэт и фо изщ».

Ахъмэтк1э еджэу бгы лъагэ, бгъуэнщ1агъ зищ1ыжу, Къущхьэхъу щ1ып1эм щы1эщ. А бгышхуэм и джабэм апхуэдизк1э куэду бжьэр исщи, абы ящ1 фор гъэми щ1ыми бгы гъуанэхэм изу жа1э. Ауэ апхуэдизк1э бгыр лъагэщи, къипхыну 1эмал хуэбгъуэтыркъым: и лъабжьэк1э ущежьэу удэк1ыфыркъым, ищхьэмк1э к1апсэк1э укъехмэ, бгыр хуэбгъуэнщ1агъщи, фор зэрылъ гъуанэм улъэ1эсыркъым. «Ахъмэт и фо изщ» псалъэжьыр абы къытек1ащ. Улъэмы1эсмэ, сыт и мыхьэнэ жыхуи1эщ

  1. Щам и бжыхьу ирегъэк1уэк1

Щамыр и ц1эт, езыр Астемырхэ ящыщт. Щам хьэрычэт, зэф1эгъэк1рэ имы1эу, и гъащ1эр тхьэмыщк1эу ирихьэк1ащ. Щ1ымахуэ гуэрым пхъэгъэсын имы1эу унэм къыщ1энэри, гузэвэху чыху 1эпл1э къыдичурэ и щ1ап1эр къызэрыхухьа бжьыхьыр игъэсыжати, псэлъафэр абы къытек1ащ.

  1. Парипых уихуэ

Парипыхыр щ1ып1эц1эщ. Балъкъ 1уфэрэ Псыхъурей къуажэ щ1ыбымрэ я зэхуакурщ. Къэбэрдейм къытеуауэ щыта тургъуэтхэр Парипых деж хьэлэч зэрыщащ1ыгъам псалъэжьыр къытек1ащ.

  1. Джэдур лым лъэмы1эсмэ, «бэрэзджщ».

Дзасэм пы1уауэ лъагап1эм пылъ жэрумэхэр ишхыну джэдур дэлъейщ – дэлъейри, щылъэмы1эсым: «Бэрэзджщ», — жи1эурэ 1ук1ыжащ. И мурадым зэрылъэмы1эсыфар и щхьэ тримылъхьэу щхьэусыгъуэ лъыхъуам ауаныщ1у хужа1э.

  1. Шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа?

Л1ыжь тхышэр блэк1 пэтрэ, щ1алэ бзаджэ гуэрым щилъагъум: «Уэ, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа?» — жи1эри ещащ. «Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс, уэри си ныбжьым унэсмэ, зыри щ1умыту къуатынщ», — жи1ащ л1ыжьым.

  1. Щхьэр къэхь жа1эмэ, пы1эр къэхь

— А уи бийм и щхьэр къозгъэхьынщ, си щ1алэ!» — жи1эри Сэтэней Сосрыкъуэ зэщ1иузадэри дигъэк1ащ. Сосрыкъуэ Тотрэш и щхьэр къихьри къэк1уэжащ. И анэ Сэтэней гуащэ деж щхьэр щыщ1ихьам, къеуэри и къуэр къыщ1ихуащ: «Щхьэр къэхь жа1амэ, пы1эр къэхь!» — жи1эри.

7 1ыхьэ

Егъэджак1уэм.

Иджыпсту джэгунур фэращ.

Дэрэжэгъухэм я 1ыхьэщ зи чэзур.

Адэк1э къыпыщэ… Аращ зэреджэр ди 1ыхьэм.

Гупит1ым ядэщ1хэр зэпоуэ нэщэнэхэмк1э, егъэджак1уэм кърегъажьэ, ц1ык1ухэм яухыж.

  1. Уфиймэ …. (жьы къопщэ )
  2. Шэр к1эребгъасхьэмэ е къибгъэк1мэ … (жэм гъэшым к1эреч)
  3. Уи пащ1эр шхэмэ… (ефэ – ешхэ къыппоплъэ)
  4. Сабий къалъхуар гущэм хамыпхэ щ1ык1э джэдур хапхэрт… (сабийр гъыринэ мыхъун щхьэк1э)
  5. 1унк1ыбзэр 1энэм тралъхьэкъым…(унагъуэм къаугъэ къохъуэ жа1э)
  6. Сапэк1э ушхэмэ…(угубжьынущ)
  7. Уи япэ итым и лъакъуамп1эм уиувэмэ…(и къарур къытыбох жа1э)
  8. Уи нэр плъызмэ…(хьэщ1э къок1уэ)
  9. Уи 1эгур шхэмэ…(зыгуэр къыпхохъуэ)
  10. Уи лъэгур шхэмэ…(укъэфэнущ)
  11. Уи тхьэк1умэ ижьыр плъымэ, вуумэ…(уи щытхъу жа1э)
  12. Уи набдзэр шхэмэ…(зыгуэрым сэлам епхынущ)
  13. Щхьэукъуэрей ухъумэ…(уэшх къошх)

 14.Уи щхьэц налъэ къыхэжмэ …( ф1ыуэ плъагъу у1уощ1э)

15.Бжьыным фэ куэд телъмэ …(щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу)

16. Блэ щ1ымахуэм плъагъумэ…(тхьэм ущ1елъэ1ур къыпхуещ1э

8 1ыхьэ

Егъэджак1уэм.

Иджыпсту гупым фи капитанхэр зэпедгъэуэнщ. Адыгэбзэр мыхьэнэншу, къулейсызу жа1эр. Ар пэжкъым. Иджыпсту ар зэрыкъулейр на1уэ къащ1ыну абыхэм «Анэдэлъхубзэ» псалъэм хэт псалъэ нэхъыбэ  къыхимыгъэк1рэ. Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэри хъунущ.

-Анэ, нэ, дэ, нэд, дэлъху, бзэ, баз, банэ, ху, дэху, данэ, лъэданэ, захуэ, хуабэ, далъэ.

               9 1ыхьэ

 Егъэджак1уэм.

Иужьрей 1ыхьэм Псалъэзэблэдз фэстынурэ гупым вгъэзэщ1энущ. Хэт япэ иухми тек1уащ. Къехыу укъызэджэ псалъэр къафщ1э?

  1. Ин дыдэ
  2. Зи купсэр яшх удз сыр
  3. Ц1ыхубз … хущанэ
  4. Псы 1уфэхэм, чыцэхэм, мэкъуп1эхэм щыпсэу бзу гъуабжэ
  5. Уэрэд жызы1э къуалэбзу ц1ык1у
  6. Адыгэ 1уэры1уатэм къыхэщ шы лъэрызехьэ
  7. Махуэц1э
  8. Адыгэ таурыхъхэм хэт псэущхьэ шынагъуэ
  9. Мы1эрып1у щы1э бзу лъэпкъ псори къызэщ1эзубыдэ псалъэ
  10. Пхъэм къыхэщ1ык1а кумбыгъэ ин

                      Къехыу укъызэджэ псалъэр – Анэдэлъхъубзэ.

Тек1уар на1уэ хъухук1э, къуажэхь дыджэгунщ:

          Аращи ди зэпеуэр и к1эм нэсащ.

Ц1ык1ухэ, зыфхуэзгъэзэну сыхуейщ мыпхуэдэ псалъэхэмк1э. гу зэрылъыфтащи ди адыгэбзэр къулейщ, шэрыуэщ. Куэдрэ псэуну зыхуэфащэ, мык1уэдыжын бзэуэ ди лъэпкъым къигъэщ1а бзэщ. Хуэмыхущ абы иримыпсэлъэфыр, иримытхэфыр, пщ1э хуэзымыщ1ыр. Хуэмыхум къыщымынэу, гугъущ абы адыгэк1э уеджэну ик1и хуэфащэкъым. Иуан Бубэ и усэмк1э духынщ нобэрей ди зэ1ущ1эр.

Уи анэбзэр гъаф1э

 Ар бгъэ  дамэу шэщ1.

Адэжь и жьэгу маф1эу

Тхуахъумам ар пэщ1.

Тхуахъумащ адэжьхэм

Бзэм я нэхъ къулейр

Зи бзэ зымыдэжхэм

Зэи уадэмыплъей.

Зи бзэ хуэмеижыр

Ар лъэпкъыншэ мэхъу

Зи лъэпкъ 1уэху еижыр

Гъащ1эм къегъэщ1эхъу

Бзэр  1эщ1ыбмэ – йобэ,

Мэхъу тэджыжыгъуей

Ар хъумэныр нобэ

1ущагъ псом я лейщ.

Адыгэбзэр гуапэщ,

Лант1эщ ик1и лъэчщ.

Дыгъэ налъэу хуабэщ,

Уи псэм и дэнлъэчщ.

             Уи анэбзэр гъаф1э,

            Ар бгъэ  дамэу шэщ1.

            Адэжь и жьэгу маф1эу

            Пхуахъумам ар пэщ1.

-Фи махуэ фIыуэ ди хьэщIэ лъапIэхэ! Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ нобэрей зэIущэм. Илъэс 14 и пэкIэ ЮНЕСКО-м и Генеральнэ конференцэм щащIа унафэм ипкъ иткIэ февралым анэдэлъхубзэм и махуэр дуней псом щагъэлъапIэр. Дэри ди анэдэлъхубзэр, ди бзэ дахэу ди адыгэбзэр дгъэлъэпIэну фыкъедгъэблэгъащ.

Афэунэ Лиуан

Си бзэ дахэу адыгэбзэ

Си бзэ дахэу уэ си нэху

Уэращ си анэдэлъхубзэр

СфIэбэмащIэш сыпсэлъэху

Си насыпти уэ узиIэщ

Нур журналым сыкъоджэф

Нани дади сопсэлъэф

Нало Заур

Сэ си нанэр папэ янэщ,
И псэр адыгэпсэщ.
Сэ си дадэр папэ ядэщ,
И бзэр адыгэбзэщ.
Адыгэпсэ- нанэ и псэ,
Сыту упсэ дахэ!
Адыгэбзэ- дадэ и бзэ,
Сыту убзэ дахэ!
Фщ1эрэ фэ а бзэм и л1ыгъэр?
Ар йопсалъэ дыгъэм.
Сыту ф1ыщэт уэ ди дыгъэр
Узэрыадыгэр!

Къагъырмэс Борис.

Сабий уэрэд

Аращи ди махуэшхуэм пыдощэ еплIанэ классым и еджакIуэхэм ягъэзащIэ уэрэдкIэ.

-Ноборей махуэшхуэм и гупсысэ нэхъыщхьэхэм федгъэдэIуэнщ.

—Зи анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, абыкIэ зи гупсысэр нэгъэсауэ къэзыIуэтэф цIыхум и зэхэщIыкIыр нэхъ куущ, и акъылыр нэхъ жанщ, и дуней тетыкIэр нэхъ дахэщ. Апхуэдэхэращ анэдэлъхубзэм и къарумрэ и IэфIагъымрэ псэкIэ зыхэзыщIэфыр, къызыхэкIа лъэпкъым и деж пщIэи нэмыси щызыгъуэтыфыр.

Адыгэ IуэрыIуатэм щыгъунэжщ Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр. Илъэс щищым нэблэгъауэ, нобэр къыздэсым адыгэхэм яIуатэ а хъыбархэр. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къэбэрдей пщышхуэхэм я чэнджэщэгъуу щытащ. Жэбагъы къызэринэкIа псалъэ Iущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкIуэ. Нобэ дигу къэдгъэкIыжынщ абыхэм щыщ зыбжанэ.

1.Улэжьэным емыкIуи ауани хэлъкъым.ЕмыкIур мылажьэрщ.

2. «Уи Iэдакъэ щIэмыкIар хьэрэмщ»

3.Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI.

4.Зэманым декIур лIыфIщ.

5.)Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ.Чэнджащэр щыуэркъым.

6) Нэмысыр лъэIукIэ къахьыркъым.

Нэгумэ Шорэ епщыкIубъуанэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ щIэныгъэлIщ. Нэгумэ Шорэ къызыхэкIа лъэпкъым щIэныгъэ яIэнымкIэ, цIыхубэм тхэкIэ, еджэкIэ ящIэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIа цIыху гъуэзэджэщ. КъызэралъытэмкIэ ар Пушкин хуэзащ, и усэхэми къыхуеджащ. Шорэ къыщIэна творческэ лэжьыгъэм- «Адыгэ лъэпкъым я тхыдэ»тхылъым пщIэшхуэ хуащI.

Дакъикъэ IэфI

Си лэжьыгъэр щыщIэздзэм, хьэкъыу спхыкIауэ си фIэщ хъурт бгырысхэр щIэныгъэм къызэрыщIэтэджэнур; щIэныгъэмрэ тхыбзэмрэ щащIэн зэман дэр папщIи къызэрысынур.

СлъэкIым хуэдиз сщIащ сэ, фIыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ Къэхъугъэр зи Iэмырымрэ солъэIу анэдэлъэхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэнкIэ.

ТхакIуэ цIэрыIуэу ПащIэ Бэчмырзэ и псалъэ Iущхэм фыкъедаIуэмэ ди гуапэт.

Бэлыхь зимыIэр захуагъэщ

Къэрабгъэр щIэшынэр ажалщ

Хьэлэлыр зэрыпщIэр и хабзэщ,

Губзыгъэр зэрыпщIэр и Iуэхущ.

Делэм куэд ищIэу къыфIощI,

ЗымыщIэр егугъумэ, цIыхуфIщ,

Дыкъмыкъыр ебгъафэмэ, мэудафэ

Унафэр Iущмэ, захуагъэ къехь.

IЫхьэ зимыIэр мылажьэрщ,

Хуэмыхур хьэрхуэр хэмыхьэщ.

Уи япэ джалэм ущIэмынакIэ

Уи кIэ къихуaр ауан умыщI

Бзэм темыпсэлъыхьа, абы и мыхьэнэм и гугъу зымыщIа усакIуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. «Си анэдэлъхубзэу лъапIэ, уэ улIэжмэ, лIэжащ лъэпкъыр- жиIащ Бицу Анатолэ

«Пщэдей сэ си бзэр кIуэдыжынумэ, сылIэну нобэ сыхьэзырщ» — жиIащ Расул Гамзатов

«Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым». КIыщокъуэ Алим

«КIуэдыжмэ си адыгэбзэр, хэкIынущ си адыгэпсэр» жиIащ Мыкъуэжь Анатолэ.

Хатефов Казбек. Усэ.

4. Псалъэжь зэпеуэ.

—Ди нобэрей зэущэм кърихьэла цIыхухэм я бзэм и къулеягъыр къэтхутэну хуит дыкъэфщ. Псалъэжь зимыIэ лъэпкъ щыIэкъым. Бзэм псалъэжьхэр хэухуэнауэ куэду хэтщ. Псалъэжьхэр я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр кIыхьщ. Дэ псалъэжьым и къегъэжьапэр жытIэнщ, фэ нэвгъэсыжынщ.

ЕзыгъэкIуэкIым кърегъажьэ, гупхэм нагъэсыж (гъуэрыгъуэу)

  1. ХабзэмыщIэ…(емыкIухьщ).

  2. Бзур зыIэтыр дамэщ, ….(цIыхур зыIэтыр акъылщ)

  3. Хабзэр бзэгупэкIэ…(кърахьэкIыркъым).

  4. Анэр нэм хуэдэщи, …(адэр дэм хуэдэщ.)

  5. Адакъэрэ пэт…(джэджьейр егъашхэ)

  6. Бжьэ зыдэс…(фо дещIэ)

  7. МастэкIэ Iэшэщ…(шатэкIэ бзаджэщ)

  8. Гупсыси псалъэ…(зыплъыхьи тIыс)

  9. ЗэдэпщIэр щIэхщи,….(зэдэпшхыр Iэфщ.)

  10. ЩIым зы ептымэ, …(тIу къуетыж)

  11. Уи псалъэ гъэIэси,…уи нэмыс гъэбыдэ)

  12. ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр… (зэгурыIуэщ)

Иджы хуит дыкъэфщым зы теплъэгъуэ фэдгъэлъагъунщ.

Псысэм зэреджэр «Бажэ пшынэ»

ПцIы хэмылъу, лъэпкъ мащIэу ущыщыткIэ, уи анэдэлъхубзэм къытекIуэ нэгъуэщI бзэ щыIэнкIэ хъунущ. Апхуэдэу щытми, уи бзэкIэ уи гурылъ къэпIуатэмэ, уи гур нэхъ мэзагъэ. Уи анэм уигъэщIа бзэм и дэтхэнэ псалъэми и IэфIагъыр нэсу зыхыбощIэ.

Зыми шэч къытрихьэркъым узыдэпсэу лъэпкъышхуэм и бзэр фIыуэ пщIэн зэрыхуейм. Абы уи лъэр егъэжан, зэныбжьэгъугъэр нэхъ лъэщ ещI. АтIэ бзитIри зэхуэдэу ищIэну цIыхум хузэфIэкIыну?

Дауи, хузэфIэкIынущ. Апхуэдэ цIыхум и лъэкIыныгъэр нэхъыбэщ, и къэухьыр нэхъ куущ.

Любой язык по-своему велик,

Бесценное наследство вековое.

Так берегите свой родной язык,

Как самое на свете дорогое.

В международный день родного языка

Тебе мы пожелаем:

Люби язык, храни на день и на века!

Не забывай мелодию родного языка!

Язык ваш драгоценный —

Богатый и звучный,

То мощный и страстный,

То нежно-певучий.

В нем есть и усмешка,

И меткость, и ласка.

Написаны им

И рассказы, и сказки —

Страницы волшебных,

Волнующих книг!

Люби и храни

Свой великий язык!

Утыкур хуит яхузощI ди къафакIуэхэм. «ЩIалэ къафэ»

Нобэ мыбы кърихьэлIахэм, гугъу къыддехьахэм

Фи гъащIэр кIыхьу,

Фи нэмысыр лъагэу,

Фи насыпыр куууэ

Фи акъылыр хурикъуу,

Гухэхъуэр фи куэду

Тхьэм куэдрэ фигъэпсэу!

Нэгумэ Шорэ епщыкIубъуанэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ щIэныгъэлIщ. Нэгумэ Шорэ къызыхэкIа лъэпкъым щIэныгъэ яIэнымкIэ, цIыхубэм тхэкIэ, еджэкIэ ящIэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIа цIыху гъуэзэджэщ. КъызэралъытэмкIэ ар Пушкин хуэзащ, и усэхэми къыхуеджащ. Шорэ къыщIэна творческэ лэжьыгъэм- «Адыгэ лъэпкъым я тхыдэ»тхылъым пщIэшхуэ хуащI.

Дакъикъэ IэфI

Си лэжьыгъэр щыщIэздзэм, хьэкъыу спхыкIауэ си фIэщ хъурт бгырысхэр щIэныгъэм къызэрыщIэтэджэнур; щIэныгъэмрэ тхыбзэмрэ щащIэн зэман дэр папщIи къызэрысынур.

СлъэкIым хуэдиз сщIащ сэ, фIыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ Къэхъугъэр зи Iэмырымрэ солъэIу анэдэлъэхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэнкIэ.


Автор
(авторы)
об авторе
(
об авторах) Приложение
(тип файла)
когда
размещена
работа ТЕМА РАБОТЫ
(файлы скачиваем из этой колонки)
размер
файла
(архива)

2008-2009 учебный год

Цховребова З.В
Дажигова М.
преп.англ яз
уч. 7кл
PowerPoint 2003 февр 2008 Презентация к конкурсу «Мы любим английский язык» 3,9 МБ
Саншокова С.С.
преп. матем
PowerPoint 2003
сент 2008

Учителями славиться Россия. 35,7 КБ
Саншокова С.С.
преп. матем PowerPoint 2003 сент 2008

Из опыта работы. 2,27 МБ
Кравченко С.Д
преп. физик PowerPoint 2003 сент 2008

Роль НКВД в становлении атомной энергетики. 257 КБ
Хавпачева С.А.
уч. 8 кл PowerPoint 2003 окт 2008

Золотое сечение. (математика) 394 КБ
Хавпачева С.А.
уч. 8 кл PowerPoint 2003 окт 2008

Мой род. (история). 1,89 МБ
Саншокова С.С.
Шереужева Р.С.
преп. матем
соц.педагог
PowerPoint 2003 окт 2008

Сценарий «Родительский ринг» (совместная работа) 10 КБ Цховребова З.В
Шибзухов И
преп.англ яз
уч.
11кл. PowerPoint 2003 март 2009

Презентация к уроку обобщению по теме
«АМЕРИКА».
1,7 МБ Цховребова З.В
Шибзухов И
преп.англ яз
уч.
11кл. PowerPoint 2003 апр 2009

Презентация к уроку обобщению по теме
«РОССИЯ».
1,51 МБ Хавпачев А.А. преп. ИВТ PowerPoint 2003 окт 2008

К юбилею города Нарткалы. В 2008 году 95 лет
Нарткале!
2,87 МБ Безирова Ф.Х.
преп. рус. яз
PowerPoint 2003 нояб 2008

Рабочие материалы к открытым урокам «Мцыри»
и «Недоросль»
2,18 МБ Накусова Л.К
Беловалова В.Г.
Тохова Р.С.
преп.англ яз
преп.рус.яз
соц.пед
Word 2003 нояб 2008 Открытое мероприятие по проф. ориентации «КЕМ БЫТЬ?»
(совместная работа)
17 КБ Езиева О.А. преп.каб.яз Word 2003 нояб 2008 Тестовые работы на кабардинском языке для 5-11 классов «Творчество Алима Кешокова». 19 КБ Карданова Р.Х. преп.каб.яз Word 2003 нояб 2008 План внеклассного мероприятие на кабардинском языке для 6-ых классов. Тема: «Мамы!». 1,4 MB Губашиева М.Н. преп.хим PowerPoint 2003 нояб 2008 Из опыта работы. 850 КБ
Саншокова С.С.
преп. матем PowerPoint 2003 дек 2008 план открытого урока в 5 классе «параллелепипед» 93 КБ
Саншокова С.С.
преп. матем PowerPoint 2003 дек 2008 план открытого урока в 5 классе «объемы тел» 55 КБ
Саншокова С.С.
преп. матем Word 2003 дек 2008 Сценарий внекл. меропр. Вечер — «ПРИЕМ У ЦАРИЦЫ НАУК». 27 КБ Шомахова Л.Л. преп.нач.кл Word 2003 сент 2008

КНИГА «Нестандартные формы работы в начальной
школе».

534 КБ
Цховребова З.В
Кандохова М.
преп.англ яз
уч. 8кл
PowerPoint 2003 февр 2009 Презентация к конкурсу «Мы любим английский язык» 3,4 МБ Шомахова Л.Л. преп.нач.кл PowerPoint 2003
Word 2003
февр 2009 Открытый урок «Мир вокруг нас».
(план урока и презентация к уроку)
380 КБ Шибзухова М.Х. преп.нач.кл PowerPoint 2003
Word 2003
февр 2009 Открытый урок — КВН «Сказка ложь — да в ней намек…».
(план урока и презентация к уроку)
197 КБ Семенова Е.А. преп.рус.яз Word 2003 март 2009 Исследовательская работа по творчеству Пушкина А.С. 249 КБ Альботова З.Т. преп.нач.кл PowerPoint 2003 март 2009 Всероссийский конкурс «ФОТОВЕРНИСАЖ ЗАНКОВЦЕВ». 660 КБ
Саншокова С.С.
Маргушев М.
преп. матем
уч 9кл.

PowerPoint 2003
апр 2009

Многогранники. 265 КБ Уч-ся 9а кл Уч-ся 9а кл PowerPoint 2003
май 2009

Итоговые работы учеников 9А класса по
элективному курсу ИВТ.
3,4 МБ Карданова Р.Х.
Шибзухова Э.
преп.каб.яз
уч. 11б кл.
PowerPoint май 2009

Темыркъан Юрэ и лэжьыгъэр. 2,6 МБ Карданова Р.Х.
Бжихова Д.
преп.каб.яз
уч. 11б кл.
PowerPoint май 2009

Идар Темрыкъуэ. 1,38 МБ

2009-2010 учебный год

Безирова Ф.Х.
——————-
Шибзухов З.
Шереметов М.
Тхагалегов И.

преп. рус. яз
—————
уч-ся
10 класса
 
Word 2003 сент 2009

Работа заняла I
место в республиканском конкурсе
«Родина тебя не забудет» и
опубликована в сборнике лучших творческих и исследовательских работ
в номинации «История памятников КБР». Руководитель работы:
Безирова Фуса Харуновна, учитель высшей категории.

1,27 МБ
Семенова Е.А.
——————-
Бозиев М.А.

преп. рус. яз
—————
уч-ся 11 кл.
PowerPoint 2003
октяб
2009

«ВОИНЫ ИНТЕРНАЦИОНАЛИСТЫ»

360 КБ
Саншокова С.С.
Берикетова М.
преп. матем
уч 6а кл.

PowerPoint 2003
нояб 2009

Принцип ДИРИХЛЕ. 165 КБ
Саншокова С.С.
преп. матем
PowerPoint 2003
декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
343 КБ Тлапшокова Л.А. преп.нач.кл PowerPoint 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
2,5 МБ Шомахова Л.Л. преп.истории PowerPoint 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
3,2 МБ Киржинова М.Н. преп.хим video-mpeg4 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
3,75 МБ Семенова Е.А. преп.рус.яз PowerPoint 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
1,27 МБ Безирова Ф.Х. преп.рус.яз PowerPoint 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
4,7 МБ Езиева О.А преп.каб.яз PowerPoint 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
530 КБ Альботова Н.Л.
Тамбиева М.А.
преп.нач.кл PowerPoint 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
4,56 МБ Гаштова А.С. преп.каб.яз Word 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
68 КБ Карданова Р.Х. преп.каб.яз Word 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
24 КБ Такова М.Х. преп.нач.кл Word 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
8 КБ Ерижокова Р.Б. преп.рус.яз Word 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
7 КБ Чилова И.Х. преп.рус.яз Word 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
7 КБ Виндугова Р.М. преп.биолог Word 2003 декаб 2009

Материал для конкурса «СИ БЗЭ СИ ПСЭ СИ
ДУНЕЙ».
7 КБ Гуляжинов Анзор
Шибзухов Нальби

ученики 9 класса
Word 2003


PowerPoint 2003

январь 2010


Доклады и презентации на английском языке
посвященные разным городам Британии и США.

Преподаватель Цховребова Зинаида
Владимировна.
1,25 MB Безирова Ф.Х. преп.рус.яз PowerPoint 2003 февр 2010

Выступление на районном конкурсе «Моя
кабардино-Балкария».
4,09 MB Цховребова З.В. преп.англ яз PowerPoint 2003
апр 2010

Отркрытый урок во втором классе funny-abc. 902 KB
Тлапшокова Л.А.

Базирова Ф.Х.

преп. истор

преп.
рус.яз.


office 2003

office 2007

май 2010


Исследовательская работа
учителей и учащихся по истории Великой Отечественной Войны.
(Материалы конференции к 65-летию
победы
).

5А класс.  Эзиев Эльдар.

5А класс. 
Тхостова
Марианна,Шибзухова Белла, Шомахова Альбина.


9А класс.  Такова Ася.

9Б класс.  Тлапшокова Залина.

9Б класс.  Абазова МАдина.

9Б класс.  Шибзухов Нальби и Саншокова Марина.

9А класс.  Хачетлова Алина и Жажигова Мария.

9Б класс.  Кандохова Марьяна.

9Б класс.  Кандохова Милана.

11В класс. Экашаева Зарета.

 
Саншокова С.С.
преп. матем PowerPoint 2003 май 2010

Материалы классного часа. 65-лет Победы.
Начало войны. 380 КБ Шомахова Л.Л. преп.нач.кл PowerPoint 2007 май 2010 65-лет Победы. 
ПИОНЕРЫ-ГЕРОИ. 1,5 МВ

2010-2011 учебный год

Цховребова З.В. преп.англ яз PowerPoint 2003
нояб 2010
Welcome to London.ppt,
This is London.ppt,
English-speaking
countries-quiz.ppt,
New Zealand-quiz.ppt 10 МB Цховребова З.В. преп.англ яз PowerPoint 2007 декаб 2010 WE
learn the ABC 603 КБ Альботова З.Т. преп.нач.кл PowerPoint 2003 декаб 2010 Это —
грибы 205 КБ Шомахова Л.Л. преп.нач.кл PowerPoint 2003 декаб 2010 Шогенцуков
Алий 457 КБ Цховребова З.В. преп.англ яз PowerPoint 2007 декаб2010
Happi chance
837 Кб Езиева О.А преп.каб.яз PowerPoint 2007 декаб 2010 11 А класс Шкахов
Мухамед 840 Кб Гогунокова Л.К. преп.геогр. Word 2003 декаб 2010 материалл для
классного часа «Курение вредит вашему здоровью» 20 Кб Гаштова А.С. преп.каб.яз.
Word 2003
декаб 2010 журнал «Псынэ»№1-15 20 Кб                                                                                                                                    

Открытое внеклассное мероприятие

«Родной язык – душа моя, мой мир»

(на кабардинском –черкесском языке

к международному дню родного языка)

hello_html_m261c7799.jpg

Работа Соховой Зиты Мухамедовны

учитель начальных классов

МКОУ СОШ №1 с.п. Старый Черек

Урванского района КБР

Февраль 2016 г.

Зэ1утхащ ди гуапэу ди школыбжэр ф1эхъус апщий.

Нэм хуэдэу ди анэхэ,

Дэм хуэдэу ди адэхэ,

Дахэу ди шыпхъухэ,

Жану ди къуэшхэ,

Дыгъэ щыгъэу ди щ1эблэ ц1ык1ухэ!

Фыкъеблагъэ, зи бзэр псэм пэзыщ1хэр

Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр

Ди бзэр набдзэу къэзыбж псори

Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ!

Дизэ1ущ1эр зытеухуар ди бзэ дахэм

ди бзэ къабзэм

Ди адыгэбзэу ди анэдэльхубзэм.

Пщэдей си бзэр к1уэдыжынум

Сыл1эну нобэ сыхьэзырщ.

/ Расул Гамзатов/

Адыгэбзэр зэзмыгъащ1эу

Урысыбзэ сщ1эн слъэк1акъым… /К1ыщокъуэ Алим/

Адыгэбзэ – Адыгэпсэ /

Жыласэ Замир/

1.Cи бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ щабэу адыгэбзэ,

Узигъусэщ жэщи махуи,

Гущ1агъщ1элъу сянэм и бзэ.

2.Адыгэбзэ уэ си гъащ1эм

Хьэл- щэныф1хэр къыхэплъхьащ

Сыбгъэгушхуэу сытым щыгъуи

Уэ си гъащ1эм ухэлъынщ.

3.Адыгэбзэм нэхъ сф1эдахэ

Зы бзэ закъуи зэхэсхакъым

Адыгэбзэм хабзэ дахэр

Симыгъащ1эу хуэшэчакъым

4.Адыгэбзэ, уэ си дыгъэр

Махуэ къэск1э къысхуоупсэ

Адыгэбзэм и дахагъэм

Къыхелъхьэжыр адыгэпсэ.

Уи къуэпсхэр си анэдэлъхубзэ,

Сипкъ псом игуэшауэ сопсэу

Уэрщ л1ык1уэу и1эххэр си гупсэм

Ущохъу си тэрмэш къэрал псом.

Ведущий. Анэдэлъхубзэ! Мы псалъэхэр ди гумм къохуэбыл1э, дегъэин. Абы дэ зыхыдегъащ1э къыддалъхуа , ди гум щыдгъаф1э бзэ лъап1э дызэри1эр. Зи бзэр ф1ыуэ зымылъагъуж , ар зымыщ1э ц1ыхум къыщалъхуа лъэпкъыр ф1ыуэ хуэлъагъунукъым. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри , уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр.

Усэ Сытхэр уи къэк1уэну ( Быгуэ Маринэ)

1.Сытхэр уи къэк1уэну си бзэ дахэ,

Си анэдэлъхубзэ, си бзэ 1эф1?

Уэ къыпхуащ1 «гулъытэм» сещ1 гу махэ

Уаф1эк1уэдыжын игъуэншэу сф1ощ1.

2.Сытхэр уи пщэдей .си адыгэбзэ?

Къуршхэм, уафэ къащхъуэм я1урылъ

Жэнэтбзу щхьэхуит зыгъэбзэрабзэ,

Къэзы1уатэ зэгуагуит1 гурыль.

3.Тхыдэ жыжэм укъыщожьэ, си бзэ,

Си лъэпкъ уардэм и анэм къыдилъхуа!

Л1ыжь жьак1эхухэм ура1эщэт,си псэ,

Ат1э сыт уахъты узэрыхуар?

4.Сабий къалъхуагъащ1эм и анэбзэм

Щымахъашэу щыщ1амыгъэдэ1у

Зы медан уэ къыпхуихуэну,си псэ

Пщ1амэ,утехьэнти уи гъуэгущхьэ1у

5. Узэпхыплъыжынт къэпк1уа гъуэгуанэм,

«Сытк1э ягу сеуа?»-ущ1эупщ1энт

Уэ упищ1у лъэпкъыми псэм ,и нэм

Щыщыта дакъикъэр къыт1ущ1энт

6. Уи псэ къабзэм ехуэбыл1э псалъэ

Къи1ущэщхэм уи гур яхъумэнт,

Къамыгъачэу зэгуамыгъэуду,

Бгъэм имыхуэж гуауэр тек1уэтынт.

7.Сыт пхуэсщ1эну, си бзэ,си псэ закъуэ,

Уи лъэр щ1эмыхуну ,Тхьэм и нэф1…

Сыпсэлъэнщ ,къызатми нэмыплъ жагъуэу,

Уэрк1э, сэ си адыгэбзэ 1эф1!

Ведущий. Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и

Дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы гъащ1ии1энукъым.

Ц1ыхум бзэм зыхуей къри1уатэ къудейкъым, ат1э ар и гупсысэм и 1эщэ хьэлэмэтщ.

Адыгэбзэ

Адыгэбзэр си псэкъым,

Адыгэбзэр си нэкъым,

Си псэм хуэдэр си анэрщ,

Си нэм хуэдэр си адэщ.

Адыгэбзэр псысэкъым

1ейуи сыгупсысэркъым

Ар си нит1ым я нэщи

Ар схэлъ си псэм и псэщи…

Ди бзэмрэ сэрэ (К1ыщокъуэ Алим)

1Л1эщ1ыгъуэ дапщэ къэдгъэщ1ами

Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.

Ди бзэр псэужмэ, апщ1ондэхук1э

Си гугъуи ящ1у зэхэфхынщ.

2.Мак1уэр сыхьэтыр къимыгъазэу,

Вагъуэм нэсыни хулъэмык1.

Нэхъ згъэк1ыхьынут бзэм и гъащ1эр,

Ар щхьэк1э зыми ар лъэмык1.

3.Къэдгъэувы1энут а сыхьэтыр,

Ар щхьэк1э ди бзэр гум пымык1.

Си щ1ыбым илъу стелъщ сэ хьэлъэ,

Бэлыхьу 1эджэм сыхэмык1.

4.Сэ щ1ы къатиблыр къыслъысами,

Си анэм и бзэр с1эщ1эмык1.

Щыблэр къыщыуэм щыщ1эдзауэ

Вагъуэ зэшиблым деж нэсыху-

Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр,

Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.

Уэрэд «Си анэбзэ, си адыгэбзэ»

(Джэдгъэф Борис)

1.Пщэдджыжь нэхулъэм вагъуэр полъэлъри,

Къуалэбзуубзэр мэхъур пшынэбзэ

Бзум и бзэ дахэр сф1ощ1 си анэбзэ

Сэ си анэбзэ, си адыгэбзэ.

2.Къэт1ысыт сибгъук1э си анэ дыщэ

Гущэкъу уэрэдк1э къызэ1ущащэ

Сэ псэуэ си1эр ар си анэбзэщ,

Ар си анэбзэщ, си адыгэбзэщ.

3.Жыгей мэзыжьу жьым къигъэушым

Ныдэуэршэру псынэр мэушэ,

Псынэ 1ущащэр сф1ощ1 си анэбзэ,

Сэ си анэбзэ,си адыгэбзэ.

4.Гъатхэ накъыгъэм щ1ыр игъэпсалъэу,

Гулъхэр бэвыгъэу къызэрылъэлъым,

Щ1ылъэм 1урылъыр сф1ощ1 си анэбзэ,

Сэ си анэбзэ, си адыгэбзэ.

Ведущий. Бзэм лъэпкъыр зы ещ1, зы лъэпкъыр адрейхэм къащхьэщегъэк1. Бзэр имы1эмэ ,лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм яхошыпсыхьыж.

Зи щхьэ,зи лъэпкъ пщ1э хуэзыщ1ыждэтхэнэри телэжьэн хуейщ къыдалъхуа и анэдэлъхубзэм, ар и нэ, и псэуи илъагъу, и1этын хуейщ.

Бзэм и гъащ1эр зи 1эмыщ1э илъыр къэзыгъэщ1а лъэпкъырщ, пэжу бгъэдэтмэ, тэмэму игъэлажьэмэ,еф1эк1уэнущ.

Си анэдэлъхубзэ

1.Си анэдэлъхубзэу си псэ,

Си анэдэлъхубзэу си нэ,

Щхьэ ущымы1ужрэ къабзэу

Нобэ уэ адыгэ унэм?

2. Си анэдэлъхубзэу дахэ,

Си анэдэлъхубзэу пагэ,

Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти

Дуней псом язэрыхэтыр!

3. Си анэдэлъхубзэу гуапэ,

Си анэдэлъхубзэу гуащ1э,

Уи бын пэжхэр щ1ым гуп-гупу

Щызэбгридзакъэ гъащ1эм?

4.Мащ1э хъурэ гъащ1э мащ1э?

Мащ1эр хэк1уэдэжрэ занщ1эу?

Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ,

Уэ ущхьэщыхьакъым нэпкъым!

5. Си анэдэлъхубзэу нахуэ,

Си анэдэлъхубзэу хахуэ,

Зы шу закъуэу щытми нартыр

Пэувыфти и дзэм чынтым.

6. Си анэдэлъхубзэу уардэ,

Си анэдэлъхубзэубыдэ,

К1уэщ1ыр пэжмэ уэ уи л1ыгъэр,

Ар дэращ зи хуэмыхугхэр.

7. Си анэдэлъхубзэу си псэ,

Си анэдэлъхубзэу си нэ,

Щхьэ ущымы1ужрэ къабзэу

Нобэ уэ адыгэ унэм?

8.Ямыпсыхьу къэна купкърищ

Сосрыкъуэ и1ар л1ап1эу,

Си анэдэлъхубзэу лъап1э

Уэ ул1эжмэ – л1эжащ лъэпкъыр!

Урысыбзэр дунейм нэхъ бзэ лъэщ дыдэу щы1эхэм ящыщщ, ар умыщ1эу уи щ1эныгъэм, уи акъылым зиужьынукъым. Ауэар тэмэму пхузэгъэщ1энукъым уи анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ умыщ1эу.

К1ыщокъуэ Алим и усэ сатырхэм къыхощ ар:

Адыгэбзэр зэзмыгъащ1эу

Урысыбзэр сщ1эн слъэк1акъым.

Зи бзэр зымылъагъужым и лъэпкъри зрипэсыжыркъым. Анэдэлъхубзэр 1умпэм зыщ1ым къызыхэк1а лъэпкъри къыдалъхуахэри егъэпуд.

«Уи Хэкум хуи1э лъагъуныгъэр ныкъуэщ,

Анэдэлъхубзэр ф1ыуэ умылъагъумэ»

(К.Паустовский)

Абгъуэм къик1ыу бгъэр лъэтэнум

Хуейщ и дамэр ишэщ1ын

Ц1ыхум ц1ыхуу зибжыжынум

Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын.

Адыгэбзэ (Бемырзэ Мухьэдин)

1.Си гъатхэ дыгъэ къуэмыхьэж

Си гукъыдэж, си гурыф1ыгъуэ,

Узи1эу зыми семыфыгъуэ

Узи1эу зыми семыиж.

2.Си анэдэлъхубзэ, уэ улъэщщ,

Зи зэманыгъуэу угурыхуэщ

Ц1ыхугу дэтхэнэри къот1эщ1

Уэ ущагъабзэк1э 1эрыхуэу.

3.Уэ уаф1эжьгъейми къэбгъэщ1ащ

Зэрыдунейуэ зэджэр «Нартхэр»

Гъэ минхэр, си бзэ уэ бгъэщ1ащ

Иджыри мащ1экъым уи нат1эр.

4.Си лъэпкъым щ1эблэ къыщ1эхъуам

Насып вагъуэбэу ужьэхэпсэу

Я нэхъ тхьэмыщк1э ущыхъуам

Уре1э уэ, си адыгэбзэ!

Ди бзэр хъума хъун папщ1эк1э псоми гугъу зедгъэхьын хуейщ.1уэры1уатэу ц1ыхухэм къахэна уэрэдыжь, шыпсэ,гъыбзэхэр зэхуэхьэсыжынымк1э дэ1эпыкъуэгъу дыхъун хуейщ.

Нобэрей адыгэ щ1эблэм ди къалэнщкъыддалъхуа бзэр, ди адэшхуэхэм къащ1эна хабзэдахэр тхъумэну, ипэк1э дгъэк1уэтэну, лей къытедмыгъэхьэну.

Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу,

Ди адыгэбзэ, куэдрэ уэ тхуэпсэу.

1эф1ыгъэу, л1ыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм

Щыгъуазэ сщ1ынт, слъэк1амэ ,дуней псор.

(Кагъырмэс Борис)

Уэрэд «Адыги» (Апанас Астемир)

Си бзэм сэрэ дызэт1олъхуэныкъуэу

Зы адыгэ анэм дыкъилъхуащ…

Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,

Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар!

(Мыкъуэжь Анатолэ)

Ей, пщащэ жанхэу Къэбэрдей пщащэхэ!

Къэбэрдей щауэхэу, щауэ къуданхэ!

Бэм дазэрыхэту дэ ди анэбзэр

Дывгъэгъэлъап1э, едывгъэгъэф1ак1уэ!

Адыгэ къафэ

hello_html_3ec4beb4.jpg

hello_html_7f412a1.jpg

hello_html_m29ad2eed.jpg

hello_html_6b606222.jpg

hello_html_m1466258b.jpg

Джэгу -зэпеуэ

Егъэджак1уэр: Мыжей М.Г.

Класыр: 4

Инжыджышхуэ курыт еджап1э

2016

Дерс-зэпеуэ

Акъыл жан

Мурадхэр: адыгэбзэмк1э ящ1эм хэгъэхъуэн,я бзэм зегъэужьын, лъэпкъ щэнхабзэм теухуауэ ящ1эр егъэбыдыл1эн, гупу зэдэлажьэу егъэсэн.

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: тхылъымп1э зэмыфэгъухэр, лэныстэ, къэрэндащ зэмыфэгъухэр.

Нэрылъагъугъэхэр: эмблемэхэр, газетхэр.

Зэпеуэм и ек1уэк1ык1эр:

Щ1алэхэм ящыщ зым къэсахэр къызэщ1и1этэрэ еджак1уэхэр къыхуриджэу «Хъуромэ» жыхуа1э джэгузэхэшэр къыхедзэ.

(«Хъуромэ» джэгузэхэшэр жа1э. Сабийхэр утыкум къохьэ).

Уэ хъуромэ, хъуромэ,

— Уо, уо!

Уэ хъуроми токъу,

-Уо, уо!

Токъмакъ зи 1эщэ.

— У о, уо!

Зи 1эщэрилэ,

— У о, уо!

Елэн къэгъэши,

— У о, уо!

— Чышыр зи уанэ,

— Уо, уо!

Уанэ лъэгубгъуэ.

— У о, уо!

Хъан и губгъуэ дивгъэхьэ,

— У о, уо! Девгъэджэгуажьэ!

— У о, уо! Дызэпевгъауэ!

— Уо, уо!

Макъамэ къоуэ

Егъ: Сэтэней гуак1уэм удэщ1эращ1эу,

Гъагъэ си Хэкуу, адыгэ жьэгу!

Ди гъащ1э 1эф1ыр уи насып лъащ1эу,

Гъагъэ, щ1эращ1э, адыгэ Хэку!

Егъ: Хэкум сэлам едывгъэхыт — Ф1эхъус апщий! Ди Хэку лъап1э!

Егъ: Ди хьэщ1эхэми сэлам ядох

Еджак1уэхэр: Фи махуэ ф1ыуэ!

Фыкъеблагъэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Сэлам гуапэ фыдох!

Егъ:-Адэк1э ди джэгу зэпеуэм пытщэн папщ1э, ди гуапэт ди гупхэм зыкъыдагъэц1ыхуам!

Япэ гупыр. Дыгъэбын

Зэт-зэт, зыгуэр къытоу1уэ бжэм, деплъын хэтми:

Къеблагъэ, къеблагъэ дыгъэ , хьэщ1э лъап1э къытхуэк1уаи, ди дунейр зыгъэнэху, ди гур зыгъэхуабэ, уи бзий зэмыфэгъухэр зэщ1элыдэрэ зэщ1эпщ1ыпщ1эу укъытхуэк1уаи

— Сыкъеблэгъащ, ауэ си закъуэкъым, ат1э си бын ц1ык1ухэри здэщ1ыгъущ.

Псоми:

«Дыгъэбын» ф1этщащ ди гупым.

Ерыщу псоми дыпэщ1этщ.

«Лэгъупыкъум» дыпевгъэкъу,

Тек1уэныгъэр къэдывгъэхь!

Ет1уанэ гупыр. Лэгъупыкъу

(Уэшх макъ къо1у, иужьк1э мэувы1эжри ц1ык1ухэр утыкум къохьэ,

зэмыфэгъуу хуэпахэу, плъыфэхэр кърабжэк1)

Къызэрыдэджэр «Лэгъупыкъущ»

«Дыгъэбыным» доныкъуэкъу!

Еджэным сытк1и дыхуэ1эзэщ,

Хабзэ зехьэк1эми дыщыгъуазэщ.

Жюрим захуэгъэзэн.

— Зэпеуэхэм я щIэныгъэмрэ я къарумрэ  здынэсыр къилъытэнущ ди жюри лъапIэми.

Тэмэму ягъэзэщ1амэ 1 бэракъ ц1ык1у хъуржыным иводзэ

1 зэпеуэ «Насыпырыхь».

Адыгэбзэ псалъэхэм я мыхьэнэхэр нэхъ тэмэму зыщIэмкIэ зэпеуэныгъэщ. Псалъэхэр гъэпщк1уащ, джэгухэм зыхуей цифрэр къыхах.

  1. Ковёр — алэрыбгъу

  2. Вторник-гъубж 

  3. Звезда-вагъуэ  

  4. Подарок-саугъэт

  5. Минута-дакъикъэ

  6. Ель-псей

  7. 69-хыщ1рэ бгъурэ

  8. 47-пл1ыщ1рэ блырэ

2. Псалъэжьхэмк1э зэпеуэн

Егъ: Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абы я къэлэн нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрауэ.

Псалъэжьхэр: (зы гупым псалъэжьым и къегъэжьап1эр же1э, адрейм и к1эухыр негъэсыж).

а) 1ей пщ1ауэ (ф1ым ущымыгугъ)

б) Зи бзэ зымыщ1эж лъэпкъыр (хэк1уэдэжащ)

в) Хэкум теу

г) Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уи щхьэр лъап1э хъунущ).

д) Унэм зыщыгъаси, (хасэм яхыхьэ).

е) Гупсыси псалъэ, (зыплъыхьи т1ыс).

3. Унэ лэжьыгъэ Проект «Адыгэ фащэ»

Дыгъэбын – Бзылъхугъэ фащэр

Лэгъупыкъу – Щ1алэ фащэр

4. Псалъэрыджэгу (дакъ 5 )

Егъ: Адэк1э ди щ1эныгъэр къэтпщытэнущ псалъэрыджэгук1э. Гуп къэс я пащхьэ илъщ «1уащхьэмахуэ и дыгъэ» псалъэ зэпхар. Дакъикъитхум и к1уэц1к1э псалъэ нэхъыбэ къыхэзыщ1ык1ым бэракъ нэхъыбэ къихьынущ.

1уащхьэмахуэ и дыгъэ

Егъ: Апхуэдиз псалъэ щыфщ1эк1э, къуажэхьхэри ф1ы дыдэу къэфщ1энущ. Къуажэхьым сыкъоджэри, япэ къэзыщ1эм къехь. Феда1уэ:

  1. Вагъэр хужьщ, жылэр ф1ыц1эщ. (тхылъ)

  2. Дэнэ ук1уэми, пк1эрымык1. (ныбжь)

  3. Ди т1ы ц1ык1у шыгъубэшх (джэдык1э)

  4. Зи к1эр зылъэф, зи фэр зи бий. (бажэ)

  5. Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ. (набдзит1)

  6. К1уэ пэтми бжьиз зымык1у. (гущэ)

  7. Маф1эм имыс, псым имытхьэлэ. (мывэ)

  8. Мэл хужь псы йофэ. (дзэ)

  9. Нат1эрыдз, лъэрыдзын, уеуэ пэтми, мыуз. (топ)

  10. Щ1ы щ1агъым анэщ1э хужь щок1эц1 (бжьыныху)

Егъ: Къык1элъык1уэ зэпеуэр епхащ дэрбзэр 1эщ1агъэм. Тхылъымп1э зэмыфэгъухэм адыгэ бэракъыр къыхэфщ1ык1ын хуейщ.

Пашэхэм еджак1уэ зырыз я гъусэу ягъэзащ1э

Ахэр лэжьэху дэ псынщ1эрыпсалъэхэр жыт1энущ

Егъ: Псынщ1эрыпсалъэхэр зэхуэдэ макъ зыхэт псалъит1у е я къэпсэлъык1эк1э гугъуу зэпха псалъэ гупу зэгъусэу къок1уэ. Псын- щ1эрыпсалъхэр куэдрэ къэзыгъэсэбэпым и бзэр псалъэк1эм нэхъ «хуэкъута» мэхъу, зеужь; къэпсэлъык1э гугъум и ужьк1э къызэджэнур тынш къыщохъу. Псынщ1эрыпсалъэхэр щ1алэгъуалэм куэду ящ1эу щытащ.

Пщыхьэщхьэхэр абык1э зэпеуэу ягъак1уэрт. Псынщ1эрыпсалъэхэр къытебгъэзэжурэ, т1эу-щэ жы1эн хуейт.

Къепсыр къепсу къепсыхыжри-

Къепсыр, къепсри- бзэхыжащ.

Хъурмэ мыхъури, хъурмэ хъуари хъумак1уэм ехъумэ.

Егъ: Къык1элъык1уэ зэпеуэр усэ гъэхуауэ къеджэныгъэщ.

Еджак1уэ: «Хьисэ ц1ык1у» Дыгъэбын

Нэхъыжь блэк1ым сыкъоувы1э,

Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу.

Ар блэк1ыхук1э блэк1 симы1э.

Хабзэм хъурэ удэджэгу!

Дади нани я т1ысып1э

Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.

Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1эм,

Яхузощ1ыр пщ1э, нэмыс.

Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи.

Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.

Сощ1э ф1ыуэ, жьы сыщыхъум

Згъуэтыжыныр, нобэ сщ1арщ.

Еджак1уэ: «Ирипсалъэ, адыгэщ1, адыгэбзэм» Лэгъупыкъу

Псынэ къабзэр мывэ джейм къопк1э, къолъэ,

Ф1ы дыдэу усэхэм фыкъеджащ. Фи бзэр ф1ыуэ флъагъу, вгъэбзэрабзэ.

Егъ:

Гупит1ри сценкэк1э зэпоуэхэр.

Егъэджак1уэ: Ди нэтыным и к1эухыу ц1ык1ухэми сэри къыдбгъэдэк1ыу зыфхудогъэзэ хъуэхъу псалъэк1э:

Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:

Фи гъащ1эр к1ыхьу,

Фи нэмысыр лъагэу,

Фи насыпыр куууэ,

Фи акъылыр хурикъуу,

Гухэхъуэр фи куэду,

Пшэрыхьыр вгъэвэфу.

Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!

Нобэрей зэпеуэм жыджэру фыхэтащ. Ар и к1эм нэсащ.

Пщащэ зэк1ужхэ! Щ1алэ къуданхэ!

Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей!

1эгур вгъэлъалъэ, пшынэр вгъэпсалъэ,

Нэхъыжьым хуэдывгъэщ1 ислъэмей!

«Си бзэ, си псэ, си дуней». (сабийхэм уэрэдыр ягъэзащ1э, къофэ).

Дадэрэ нанэрэ я гъэф1эн ц1ык1ухэ, мамэрэ папэрэ я дыгъэщыгъэхэ, ди гугъап1э, ди плъап1э 1эф1хэр зэпха, ди щ1эжьей дыщэ ц1ык1ухэ, фыпсэу, дахэу, жыджэру фыхэтащ ди махуэшхуэм

Понравилась статья? Поделить с друзьями:
  • Симс 4 праздник света
  • Символ праздника рождества христова
  • Симс 4 праздник мертвых
  • Символ праздника растение
  • Симс 4 праздник зимы что делать